Сабий гъэсапӏэм иратыну къыхэзылъхьар Пагуэт. Пщэдджыжьым и адэм е и анэм ешэ, гъэсакӏуэхэм ящыщ къыпожьэри и ӏэпэр иӏыгъыу сабийхэр щыджэгу пэшым щӏашэ. Ауэ Майе а пэшым нэсыху и гум щыщӏэм хэт щыгъуазэр? Дэнэкӏи шхынымэщ: бжьынымэ, лы гъэжьэрымэ, хьэнтхъупс зэхэгъавэм и мэ. Бдзэжьей гъэжьэрымэр зыми хуэдэххэкъым, шэчыгъуей дыдэщ. Мэхэр зэхэзэрыхьыжауэ пщэфӏапӏэм къыщӏокӏри пэшу хъуам зыщӏагуашэ, щхьэгъубжэӏупхъуэхэм къакӏэрех, блынхэм зыщӏашэ.
Майе абы и гур кърегъакӏуэ. Къезыгъэлын имыӏэу, кӏуапӏи-жапӏи имыгъуэтыну къыщохъури, мэгужьей. Екӏуэкӏыу блыным кӏэрытщ шэнт цӏыкӏухэри, нэхъ дурэш дыдэм дэтым тотӏысхьэ, цыжьбанэ цӏыкӏуу зызэрегъапщхьэри. Зыри илъагъуркъым, зыри зэхихыркъым, зыми епсалъэркъым. Пщэдджыжьышхэр зэфӏэкӏмэ, щӏыбым щӏашынущи, абы щыгъуэм бэуэнущ и гум щызу. Зэпэзэву ягъэува шэнтхэм сабийр кърагъэтӏысэкӏри, Майе къыбгъурысхэр къыжьэхоуэ. Зыр и ӏэблэм, адрейр и лъакъуэм. Зыр щӏалэ цӏыкӏущ, адрейр хъыджэбз цӏыкӏущ. Ар ишэчын хуей зэрыхъум щхьэкӏэ и натӏэм пщӏэнтӏэпс къокӏуэ. Пщӏэнтӏэпсри хуэшэчынукъыми, и анэм кърита бэлътоку цӏыкӏур и жыпым кърехри, и натӏэмрэ и напэмрэ елъэщӏ.
«Майя умница, пришла с платочком!» – жи гъэсакӏуэм, абы гу къылъетэри. Напэмытхьэщӏу къашэхэм ярилъытри къыщытхъуауэ аращ, ауэ иджы Майе пщӏэнтӏэпсыр къожэх – и гугъу къамыщӏыхам нэхъыфӏт. И гур мэбампӏэ. «И гур мэбампӏэ» – мы псалъэхэр зэпкърихын фӏэфӏщ. Здыжиӏэм, и гур мэзагъэ, и кӏуэцӏкӏэ мэсабырыж, и нэкӏущхьэ къызэщӏэплъахэр мэупщӏыӏуж. Сабий гупыр шхапӏэмкӏэ яшэ. Шей ефэнщ. Нэгъуэщӏ зыри ишхыфынукъым. Гъэсакӏуэм залымыгъэкӏэ зыгуэр къригъэшхмэ, кърикӏутыжынкӏэ хъунущ. Гу къылъатакъым, ӏуэху къащӏакъым зэрымышхэм щхьэкӏэ. Гуфӏэнут, гуфӏэ и хьэлу щытамэ. Зэ щӏыбым щӏашарэт – аращ зыпэплъэр.
Гъэсакӏуэр куэдрэ яхэткъым, «фызэбгрымыж, фымызэрану фыджэгу» жери, адрей гупым я гъэсакӏуэм деж макӏуэ дэуэршэрыну. Хъыджэбз цӏыкӏухэм езым я джэгу яублэ, щӏалэ цӏыкӏухэм е хьэмбылу къагъуэтынщи зэпаплъыхьынщ, е сад пщӏантӏэм къыдэзэрыхьа хьэ хьэулейр кином щалъэгъуа Рекс ещхьу ягъэсэну хуежьэнщ.
Майе гупитӏми яхыхьэркъым. Майе и дэджэгуэгъур Мышщ. Ар нэхъ цӏыкӏухэм ящыщщ, ауэ абыхэм къахокӏри Майе деж къокӏуэ. Мыш цӏыкӏу илъэсищщ зэрыхъур, гъэсакӏуэхэм ящыщ зым и бынщ.
Хъыджэбз цӏыкӏухэр нэжэгужэщ, зэрызохьэ. Зыр уафэмкӏэ доплъей, и ӏэпэр пшэхэм хуеший: «Благъуэм Дыгъэр еубыд! Благъуэм Дыгъэр еубыд!» Абы зыпащӏыжу, адрейхэри мэкӏий: «Благъуэм Дыгъэр еубыд! Благъуэм Дыгъэр еубыд!»
Благъуэ. Дыгъэ. Майе игу къокӏыж нанэ и псысэр. Благъуэ… Дыгъэ… Иджы щӏалэ цӏыкӏухэри къахыхьэжауэ уафэм доплъей. Зым мурад ещӏ хъыджэбз цӏыкӏухэм къагупсысам нэхърэ нэхъыбэ езым хилъхьэну, мэкӏий:
– Благъуэм Дыгъэр иубыдыпэнурэ кӏыфӏ хъунущ! Зэи нэху хъужынукъым!
Зы хъыджэбз цӏыкӏу къыдожьу. «Кӏыфӏ хъунущ! Кӏыфӏыбзэ хъунущ!»
Майерэ Мыш цӏыкӏурэ лъэныкъуэкӏэ щытщ. Майе доплъейри, Благъуэр ӏупщӏу къелъагъу, нэхъ пэжу жыпӏэмэ, и нэгу къыщӏохьэ, иужькӏэ елъагъу уафэ джабэр зэриубыдар, дыгъэр зэрыщӏихъумар. Майе шынэркъым, ауэ дунейр кӏыфӏ хъуащи, мэкӏий. Зыри илъагъужыркъым, Мыш цӏыкӏу и ӏэпэр еутӏыпщри и макъым къызэрикӏкӏэ мэкӏий. Джэгуурэ къежьар я фӏэщ хъужри, шынэр къапкърыхьащи, сабийхэри зэщӏогъуагэ.
– Нобэ Майе сабийхэр игъэшынащ, благъуэ къэлъэтэнурэ псори фишхынущ яжриӏэри. Сабийхэр игъагъырти, пэш щхьэхуэ щӏэдгъэсащ, – Майе аргуэру пэш нэщӏ щӏыщӏагъэсам и щхьэусыгъуэу аращ гъэсакӏуэм къриӏуар. Улэ къэкӏуэжри анэшхуэр игъэкъуэншащ.
– Псысэ шынагъуэхэр жыбоӏэ, благъуэ щыӏэу и фӏэщ хъуащ, езыри шынэри, адрейхэри игъэшынэжащ…
– Псысэр дэ дыщыцӏыкӏуми къыджаӏэу щытащ, ди япэжкӏи щыӏащ, зыми зэран хуэхъуауи зэхэсхакъым, – зеухеиж гуащэм.
– Мыбы езэгъыркъым, плъагъуркъэ?
– Хьэуэ, тӏасэ, мыбы езым зыгуэр и лажьэщ, сэ къыстевмылъхьэ…
– Сыт и лажьэр?
– Уэри уолъагъу ар адрейхэм зэремыщхьыр.
– Ар уэ жыпӏэмэ, хамэм сыт жаӏэжынур?!
– Хамэм гу лъамытэ уи гугъэ абы? И адэм къыфӏолӏыкӏри аращ гъэсапӏэм щӏыфӏахар… И жагъуэ къащӏми, къэтщӏэну мыгъуэкъым – езым зыри къыджиӏэжыркъым.
Псалъэм псалъэ къишэурэ, зэнысэзэгуащэр зэщыӏеящ.
Пагуэ а псом хуейтэкъым, апхуэдэу щыхъуакӏэ, къэвух фи псысэхэр, жиӏащ. Зэи и жагъуэ къэзымыщӏа и къуэр къыщхьэщыжын и гугъат. Ӏэплӏэ къришэкӏыу, зыри къэхъуакъым, сабийр гъамэ теужащ, жиӏами хъунут. Жиӏакъым. «Къэвух фи псысэхэр!» – аращ къажриӏар цӏыхубзитӏым. «Уемыпсалъэ сабийм!» – къыжриӏауэ кърихащ Жануэс.
– Семыпсалъэмэ семыпсалъэ. Зыми сынывэпсэлъэнукъым.
И хьэпшыпхэм щыщ зэрилъхьэщ, здэкӏуэр Хьирэт жриӏэри, Тӏыаузым дэс и щӏалэ нэхъыщӏэм деж кӏуащ, и нысэми и къуэми закъримыгъащӏэу. Пагуэ занщӏэу кӏэлъыкӏуат, нэкӏуэж жиӏэри – хуэкӏуэжакъым. Аргуэру кӏуащ – зытригъэхьакъым. Иджы сабийр къыщӏыхуишар и гур къигъэщабэу иришэхыжыну арат, дауи.
Жануэс мазитӏ ипэкӏэ къэхъуахэр къеӏуэтэж, къемыдаӏуэу, зэхимыхыу къыщыхъуми, Майе псори и щхьэм иреубыдэ.
Пагуэ къыщӏыхьэжри, Майе и ӏэри и лъакъуэри къепхэкӏауэ щилъагъум, къэгузэващ. Къэхъуар щыжраӏэм, зи щхьэр къыфӏэхуауэ щыс и анэр фӏэгуэныхь хъури, Ӏэдэм зэрытеплъэу жьэхэлъащ.
– Уэ езыр сабийр къэбгъанэу уздэкӏуар дэнэ? – зишхыхьыжащ Ӏэдэм.
– Уи ӏуэху хэлъкъым!
Зэкъуэшитӏыр зэфӏэнэжащ. Жануэс Пагуэ къыщхьэщыжащ:
– Умыщӏэ нэхъей ар здэкӏуар?! И быныр илъэгъуащ.
Пагуэ и фызу щыта Татианэ Тӏыаузым дэст, зэдагъуэта я пхъур зыпӏыр арат.
Жануэс и хьэпшыпхэр зэщӏикъуэжу щилъагъум, Пагуэ абы елъэӏуащ.
– Зэ умыпӏащӏэ. Мопхуэдэу гъуэгу тесшэнукъым сабийр, и фэ кърехьэж…
– Мыр пэш зэвым щӏозэшыхь мыгъуэ, нэхъри и фэр пыкӏыну аращ…
– Татианэ деж сшэнщ, ари дохутырщ – кърыреплъ…
– Улэ и жагъуэ хъунщ.
– Хэт абы еупщӏыр?
Адэм Майе ӏэплӏэкӏэ къещтэри унэм щӏех, уэрам сабафэм дехьэ. Жьы щӏыӏэтыӏэ къопщэри, ар хъыджэбз цӏыкӏум фӏэфӏщ.
Тӏыаузыр шахтёр къалэщ, улахуэшхуэ щату хэӏуэри, дэнэ щӏыпӏи къикӏыурэ цӏыхур къыщызэхуэсащ. Пагуи яхэтащ мыбы ахъшэ къыщызылэжьыну къэкӏуахэм. Татиани къыщицӏыхуар мырат. Цӏыхубзыр дохутыру сымаджэщым щылажьэрт, уни къратауэ псэупӏэ щхьа гуныкъуэгъуэ иӏэтэкъым. Пагуэ ихьэхуат шэрэ лъырэ зэщӏэту жыхуаӏэм хуэдэ зи фӏыгъуэ цӏыхубзым. И нитӏыр щхъуэпсрэ пӏащэу, натӏэшхуэм щхьэц дыщафэр шылэ тӏатӏэу къытелъу, дзэ хужьхэр ӏупэ пӏырыпӏым къыпхыпсрэ щыдыхьэшхкӏэ и нэкӏущхьитӏыр иушкумбэу, мы урыс цӏыхубзым къыхукъуэплъхэр куэд хъурт, ауэ езым къыхихар щхьэпэлъагэрэ набдзэшхуэу, плӏабгъуэрэ бгы псыгъуэу щӏалэ къамылыфэ зэпӏэзэрытырат, Пагуэт. Зэрыша нэужь, Пагуэрэ Татианэрэ къуажэм мазэ бжыгъэ гуэрщ зэрыдэсар, зызэщӏакъуэри, Тӏыаузым ягъэзэжат, цӏыхубзым и унэ цӏыкӏум зыщӏагъэзагъэри щыпсэуахэщ. Къызэрыщӏэкӏамкӏэ, я насып зэхэлъакъым, я гъащӏэ гъуэгур зытэкъым.
Татианэ ӏэщӏагъэм фӏыуэ хещӏыкӏри, гъунэгъу къуажэхэми къикӏыурэ цӏыхухэр къыхуокӏуэ. Ар зыщӏэс пэш цӏыкӏуитӏыр зыхэт унэ зэтетыр шахтёрхэм я общэжитым пэжыжьэтэкъыми, Пагуэ и пхъур и ӏэблэм тесу псынщӏэу нэсащ. Зэадэзэпхъум бжэр къахуӏузыхар цӏыхубз зыӏэщӏэлът. И кӏэ къуагъым зы хъыджэбз гъур цӏыкӏу къыкъуэплът, щхьэцыгъуэрэ и нитӏыр нащхъуэпсу. Майе занщӏэу къыӏурыуащ бжэ ӏухам къыщӏих къабзэмэр, ауэ цӏыхубз пӏащэр зыщӏэсым щӏахьэну хуейтэкъым. Хъыджэбз цӏыкӏу къыхукъуэплъами щӏыӏэмей къыкӏэрихат.
– Сыт мыбы къыщыщӏар?! – аращ цӏыхубзышхуэм япэу къыжьэдэкӏар.
Адэр пэшым щыщӏэбакъуэм, Майе къэгъынэнащ, ауэ абыи емыплъу ихьри дахэу ӏуха пӏэм и кум иригъэтӏысхьащ.
– Мыбы схуеплъ, къута сыт имыӏэу жаӏащ, ауэ сигу загъэркъым…
Пагуэ и пхъуитӏыр нобэ япэу зэрылъагъуу аращи, зызэрызэхуащӏынум тӏэкӏуи ирогузавэ. Майе мыщӏщ, Ритэ зэзэмызэ фӏэкӏа зыхуэмызэ и адэр езыр къигъэнауэ зыдэпсэухэм ирефыгъулӏэри, хуэбзыщӏыркъым. Пагуэ адрей пэшым щӏыхьэри щетӏысэхащ.
Татианэ жиӏэм и нэхъыбэр къыгуроӏуэ Майе.
– Болит где-нибудь?.. А это Рита, твоя сестра.
Ритэ и ӏупэ пӏащӏэ цӏыкӏухэр иришэкӏыурэ хьэщӏэр зэпеплъыхь, и анэр ӏукӏуэтати, Майе и уӏэгъэхэм щабэ цӏыкӏуу еӏусэурэ, йоупщӏ: