Сытым дежи щӏэджыкӏакӏуэм и нэӏэ темыкӏыу, адэкӏэ къэхъунум пэплъэу зыкӏэлъызеплъэр Пагуэрэ Улэрэ япхъу закъуэ Майещ. Сабий псоми зэремыщхьыр унагъуэм я гуныкъуэгъуэурэ къэжэпхъащ Майе. Псэлъэгъуейт, зыгуэр щыжиӏэми, ӏуэхум щымыщ хуэдэут къазэрыщыхъур. Ауэ и щытыкӏэм уригъэгупсысырт хъыджэбз цӏыкӏум зыми имыгугъа гуэр къылъыкъуэкӏыну. Апхуэдэ гугъэм и къежьапӏэр иджыри сабийуэ Техутэ жриӏэ псалъэхэрщ: «Умыгузавэ, уи анэшхуэр щӏэх лӏэнукъым». Пасэу зеиншэ хъуа Техутэ и анэшхуэм тегужьеикӏат, ар лӏэмэ, сэ дауэ сыхъуну, жиӏэу егупсысырейт. Пагуэ и адэ Нэсрэн фэеплъ хуигъэувыну хуейуэ ӏуэхум къегъэзахэм захуигъазэу, я арэзыныгъэ къилъыхъуэу къыщыкӏэлъикӏухьым ирихьэлӏэу Майещ зауэм хэкӏуэда сэлэтхэм я хьэдэ къупщхьэхэр къэзыгъуэтар. «Плъагъурэ, я цӏэр яхъумэн къэгъэнауэ, я щӏы ӏыхьэ ирамыгъэгъуэтыжауэ щыӏэр зыхуэдизыр?» – жиӏэ хуэдэт. Дунейхэм я зэпылъыпӏэр, «щӏэплъыпӏэр» къэзылъыхъуэ Ӏэдэм дэӏэпыкъуэгъу хуэхъур Майещ. Къыгуроӏуэ: Ӏэдэм а къилъыхъуэр къигъуэтамэ, гъащӏэр нэхъ дахэ, нэхъ купщӏафӏэ хъунут, нэхугъэр щӏым тез хъунут. Упщӏэхэм я упщӏэж жыхуаӏэм хуэдэр зэпхар Ӏэдэмщ: апхуэдизу шэщӏауэ и гуращэм телэжьа щӏалэр абы щӏылъэмыӏэсар, «щӏыблэбэкъукӏар» сыт? Гъащӏэм философие лъэныкъуэкӏэ уезыгъэгупсысынщ Ӏэдэм епха сюжет унэтӏыныгъэр.
Щӏэныгъэр лъапӏэныгъэу зэрыщытыр мы романым къыщыӏэта проблемэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ икӏи лӏыхъужьу хэтым я гъащӏэр хъуами мыхъуами, щхьэусыгъуэр щӏэныгъэм ешэлӏэжащ. Щапхъэу къэтхьынщи, Майе тхылъ хъумапӏэр лэжьапӏэ щӏыхуэхъур щӏэныгъэщӏэхъуэпсщи, аращ. Езым щхьэщыт нэхугъэр къызыхэкӏри зэрыдахэщӏэхъуэпсырщ. Псалъэшхуэ жиӏэркъым, утыкуакӏуэкъым, ауэ и унагъуэми, и лэжьапӏэми, и хъуреягъым зэрахущыткӏи щхьэхуещагъэ жыхуаӏэм хуэхейуэщ. А псом къыдокӏуэ щэху гуэрхэм пыщӏа щӏэныгъэ зрипэсахэм Майе зэрахэтыр.
Щӏэныгъэр ходэ, хэти кӏэрыпщӏэркъым, хэти къехъулӏэркъым. Техутэ къехъулӏэнут сурэтыщӏ ӏэзэ хъуныр, ерыщу бгъэдэтамэ, хъуапсэр къытекӏуамэ. Щхьэусыгъуэ лъыхъуащ, еджапӏэм имыгъэзэжын папщӏэ. Абдеж щежьэри, и гъащӏэр зэпэныкъуэу екӏуэкӏащ: щӏэныгъэ ныкъуэ, лэжьапӏэ ныкъуэ, насып ныкъуэ. Техутэ и гъащӏэм купщӏэ хэзылъхьэжар, зэрымыщӏэкӏэ къыщыжакӏуэ хъуну ежьэу, лъэпкъым дежкӏэ лъэкӏыныгъэ иӏэну зыщыгугъ Нэсрэн дуней мамырым къызэрытринар аращ. Техутэ сабийуэ игъэжа ятӏагъуэш къомыр жэщ уэлбанэ бзаджэм зэхигъэшыпсыхьыжауэ нэху къыщекӏам, а щӏалэр «псэукӏэ зыщӏэхэм» зэрыхимыубыдэнум гу лъыдигъатэ хуэдэт. И дэтхэнэ лъэбакъуэри къыгуроӏуэж, и щыуагъэхэмкӏи зыщымысхьыжу зыкъеумысыж, зегъэкъуэншэж, ауэ абы щхьэкӏэ къехъулӏэр нэхъыбэ хъуркъым, гъащӏэм здригъабэмкӏэ ебэурэ къогъуэгурыкӏуэ. Ӏэдэм гъусэ хуэхъуа нэужьщ Техутэ и гупсысэм зыщиубгъур, къыгурыӏуэр нэхъыбэ щыхъур. Романым еджэм гузэгъэгъуэ хуэхъуну пӏэрэ Техутэ щхьэ бжыгъэу дунейм зэрытемытар ӏупщӏ зыщӏ ӏуэхугъуэхэм щыгъуэза нэужь?
Персонаж гъэщӏэгъуэнщ Улэ. И теплъэкӏи и хьэл-щэнкӏи удэзыхьэхыу къыхохьэ романым, ауэ къэзылъхуа анэм деж щегъэжьауэ щхьэгъусэ хуэхъуам деж щиухыжу, псори Улэ хуэмыкӏуэ хуэдэщ, имыгуэгъущ. Цӏыхубзыр еджагъэшхуэкъым, зригъэпщэн хуэдэу щыӏэкӏэ зэщымыщхэми щыгъуазэкъым, ауэ и гум зыгуэр къелъыхъуэри, ар игъуэтыркъым, а имыгъуэт езыри зыщымыгъуазэр къыӏэрыхьауэ къилъытагъэнут псори къызэринэкӏыу урыс щӏэныгъэлӏым и гъусэу щежьэжам. Здэкӏуам щызэгъащ, хэзэгъащ, и дуней ӏыхьэ иубыдыжащ. Ипхъу закъуэр дауэ къигъэна, дауэ игу пыкӏа? Абы и жэуапри игъуэтынущ щӏэджыкӏакӏуэм. Улэ дежкӏэ Мэзкуу кӏуэуэ гунэс зыщыхъуа цӏыхум дэпсэуныр, щӏэныгъэкӏэ, къэухькӏэ абы зыдиужьыныр «щӏэкӏыпӏэт», «щӏэпщыпӏэт», дунеитӏым я зэпылъыпӏэт. Къигъуэтащ, къехъулӏащ.
Техутэрэ Майерэ я зэхущытыкӏэр, абы зэрызиужьыр, зыхуэкӏуэр сюжетым и линие нэхъ гъэщӏэгъуэнхэм щыщщ. Пэжыныгъэм, гурыщӏэм и быдагъым, къабзагъым я уасэр къызыхэщщ мы лӏыхъужьитӏым я гъуэгу зэтеублэкӏар.
Сытым щыгъуи хэкӏыпӏэ къэзылъыхъуэ, и акъылым къызэриубыдкӏэ икӏи къэзыгъуэт цӏыхуу долъагъу Нуцэ. И сабиигъуэм щегъэжьауэ, зэрыжаӏэу, и щӏакхъуэ ӏыхьэр езым къигъуэтыжын хуейуэрэ къэтэджа хъыджэбзым сыт хуэдэ ӏэмалри къегъэсэбэп и ӏуэхур дигъэкӏын, зыхуейм и ӏэр тригъэхуэн папщӏэ. Нуцэ и лӏыгъэкӏэщ и анэ Галинэрэ нэчыхьыншэу дунейм къытехьа щӏалэ цӏыкӏумрэ унагъуэу зэрытӏысыжыр. Хъыджэбзым езым къыхехыж псэуэгъу хуэхъунур, я псэуныгъэр кӏыхь мыхъуами. Анэм ещхьу, Нуци бын игъуэтащ, унагъуэ имысу. Иджы, екӏуэкӏ лъэхъэнэм къекӏур аращи, щэн-къэщэхуным хыхьащ, и хьэлыр къэплъытэмэ, къехъулӏэну ущыгугъ хъунущ. Адрей дунейм щызекӏуэ гуащӏэхэр зылъэӏэсхэм Нуцэ хиубыдэркъым. Хъыджэбзыр хуэщӏакъым гъащӏэр зэтес щӏыным елӏэлӏэным, абы и гупсысэм къриубыдэр и щхьэ ӏуэхур аркъудейщ. Таурыхъми, хъыбарми, дунейм щызекӏуэ гупсысэми анэ нэсыр къызэрыхэщым хуэдэщ Жануэс. Пхъашагъи, гурымыкъагъи, ткӏиягъ лъэпкъи зыхэмылъ цӏыхущ. Псэ щыӏуткӏэ, зыгуэри и жагъуэ мэхъу, ауэ ари игъэгъуну хьэзырщ. Жануэс и къуэ лъэхъуэщ хъуам къыщхьэщож, и нысэ урысылӏым дэкӏуэсам кӏэлъыпсалъэркъым, хущӏэджэркъым, «сабийр Пагуэ ейщ» жиӏэу къихьу къыхуэкӏуа Галинэ елъэстауэркъым. Жануэсщ Майе къезыгъэлыр, езым и псэр, и гъащӏэр тыхь ищӏу. Адрей дуней хъуэпсэгъуэм къикӏам ещхьщ мы цӏыхубз гъэщӏэгъуэныр: жиӏэри илэжьри нэхугъэ зыхэлъщ, и щхьэм тыншыгъуи, фӏыщӏи, щытхъуи къыхуилъыхъуэркъым. Хуэныкъуэм и щхьэпагъ иригъэкӏыфмэ, арэзы мэхъу. И псэр щӏитащ, зи псэугъуэр къызэтринэн папщӏэ. А тыхьыр игъэпэжу мэпсэу и къуэрылъху Майи. Анэшхуитӏри, сымаджэ хьэлъэу пӏэм къыщыхэнэм, зэрихьэжащ, адэмрэ анэнэпӏэсымрэ псалъэмакъыншэу ядогъуэгурыкӏуэ, къэзыгъэна и анэм гужьгъэжьгъ хуищӏыркъым, Техутэ хуэпэжт, зыхищӏыкӏ зыпытт. Майещ Ӏэдэм и дэӏэпыкъуэгъур, Щӏэплъыпӏэм пэгъунэгъу хъуныр дэзыӏыгъыр. Хуабжьу псэкӏэ гугъу ехьащ а хъыджэбзыр, адрейхэм ямыӏэ щӏэныгъэ нэхур иӏэным папщӏэ. Пэлъэщащ гугъуехьми, къилэжьащ. Иджы зытелажьэр нэхугъэр нэхъыбэу щыӏэнырщ. Езы цӏыхур иджыри абы хуэхьэзыркъым, егъэджакӏуэ яхуэхъун хуейщ, щӏэгъэхъуэпсыныр, абы щхьэкӏэ гуащӏэ етыныр Майе и пщэрылъщ.
Нэгъуэщӏ дуней зэрыщыӏэр, мы дунейр къезыгъэлыну хэкӏыпӏэр абы къызэрикӏынур къагурыӏуэу телажьэр е хуэлажьэр Ӏэдэмрэ Майерэщ. Тӏум я гъащӏэри дунеитӏми епхащ. Я щхьэр я ӏуэхукъым, мылъку къикӏыпӏэ къалъыхъуакъым. Ахэр зыхуейм уасэ иӏэтэкъым. Ӏэдэм блэбэкъукӏыу хэкӏуэда нэужь, Майещ Нэсрэн щӏэныгъэ иритыфыну къэнар. Шэч хэлъкъым хъыджэбзыр лъэкӏ къимыгъанэу и дэлъхум зэрыдэӏэпыкъунум. Нэсрэн мыщхьэх закъуэмэ, и къэухьыр мыӏузэмэ. Мыбдежым щӏэджыкӏакӏуэм къыхуэнэр гугъэщ. Лъыхъуэм къегъуэт. Дэпщэщми, зэ къегъуэт.
«ӏуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр зэрытха бзэ гурыӏуэгъуэмрэ сюжет гъэщӏэгъуэнымрэ къэплъытэмэ, зи щӏалэгъуэми зи ныбжь кӏуэтами ягу нэсын тхылъщ.
Хьэцӏыкӏу Рае, тхылъым и редактор
СЫМЫЩӏЭР КЪАСЩӏЭУ
Мыр си япэ прозэ тхылъщ. Сыкъызэрацӏыхур усакӏуэущ, драматургыущ, усэ тхылъий сиӏэщ.
Роман стхыну сытезыгъэгушхуар, абыкӏэ къысщыгугъар Нинэщ, адыгэ тхакӏуэ Щоджэнцӏыкӏу Ӏэдэм ипхъу, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэрал литературэмкӏэ и кафедрэм куэдрэ щылэжьа си ныбжьэгъу нэхъыжьырщ. Си жагъуэ зэрыхъущи, романым щыщу ӏыхьэ щанэращ Нинэ зэхихар – макъкӏэ сыкъыхуеджащ, и нэм илъагъужыртэкъым, сымаджэт. Си егъэджакӏуэр къызэрысщыгугъыр ди литературэм щӏэ гуэр хэслъхьэну, тхыгъэ щӏэщыгъуэ утыку къислъхьэну арат. Зэдэӏуар игу ирихьауэ жиӏащ. Тхыгъэр и жанркӏэ сытым нэхъ хуэкӏуэрэ жысӏэу сыщеупщӏым: «Хьэуэ, авторский мифу къыумыгъэлъагъуэ, мыр магический реализмщ», – жиӏащ. Сэ япэрейм нэхъ хуэзгъакӏуэрт, ауэ литературэм зи гъащӏэр хуэзыгъэпса профессорым фӏищам арэзы сытехъуащ.
2020 гъэм щӏэздзэри, илъэсищкӏэ селэжьащ романым. Зэрыт жанрым къыпщигъэхъункӏэ хъунущ псори къэзгупсысауэ. Пэжым (фактым) щыщу хэтщ, псалъэм папщӏэ: нэмыцэхэр Ӏуащхьэмахуэ и щыгу зэрыдэкӏар, Ӏуащхьэмахуэ лъапэ Шамбалэ щӏыпӏэр абыхэм къызэрыщалъыхъуар, Тибет къраша ламэхэр. А псом зэгъэуӏуауэ мызэ-мытӏэу сыкъыщеджащ Котляров Виктор и ӏэдакъэщӏэкӏхэм. Ди щӏыпӏэхэм якъуэлъ щэхухэмрэ хъыбархэмрэ, илъэс пщӏы бжыгъэ хъуауэ, жыджэру икӏи гъэщӏэгъуэну къеӏуэтэж Котляровым, абы куэдкӏэ и фӏыгъэщ сэри абыхэм сызэрыдихьэхар.
Тхылъым и редактор Хьэцӏыкӏу Рае лэжьыгъэр сыухыху дэӏэпыкъуэгъу, чэнджэщэгъу къысхуэхъуащ.