«А си Улэ дахэ, Сэбэр ӏуащхьэм сыту ӏейуэ укӏуат, сынолъэӏути зыпхъумэжыну. Быным и ӏуэхур сыту гуащӏэ, уи щхьэм уемыгупсысыжу уи хъыджэбз цӏыкӏум дежкӏэ зыбдзат. Тыншу упсэуну арат сызыхуеяр, сызэрыпхуэхъуапсэр. Пэшэгъухэм уи пӏэкӏи си щхьэр япэщӏэслъхьауэ тӏум ди хьэлъэри сэ сагъэпшын, си тхыр гъэшауэ, си щӏыфэр удыным игъэуфӏыцӏауэ, фейцейуэ си гъащӏэр сагъэхь. А псор щӏэсшэчыр уэ уи щхьэрэ уи псэрэ ухуиту слъагъун щхьэкӏэти, иджы, мис, уахыхьащ. Сэ иджыри къару гуэр схэлъыху, сыбдэӏэпыкъунущ, ауэ итӏанэ-щэ?..»
Дысэ и лъапсэр фаджэлыджэ хъуащ: пщӏантӏэр ежьужьым зэщӏищтэжащ, хадэм хисэшхуэ щыӏэкъым, хисэ тӏэкӏури шыудзым етхьэлэж. Улэ къэкӏуэжамэ, дэнэкӏи зедз, псори игъэтэмэмынут, ауэ и кӏуэжыгъуэр псынщӏэу къос, Пагуэ шыгур къегъакӏуэри ирегъэшэж, е колхоз УАЗикыр къыӏихыфмэ, нэхъ псынщӏэххэу къыкӏэлъегъэс.
ТӀЫАУЗ
Ⅰ
– Мы сабийр абы умышэ, – Улэ щэхуу Пагуэ йолъэӏу.
– Ар абы ишэнущ, – жи езы Майе.
– Уэ зыри къоупщӏакъым, – хъыджэбз цӏыкӏум и псэлъэкӏэр зэрызэтемыувэм анэр нэхъри егъэнэщхъей. Майе фӏэфӏщ адэм зыщӏыпӏэ ишэну мурад зэрищӏар,
дэнэми едэ, ишэ закъуэмэ.
– Мыр хуапэ, – жи Пагуэ.
– Мыр хуапэ, – жаӏар жеӏэж Майи, анэм зыхуигъэзауэ.
– Хэт «мырыр»? Сыт «мыр» жыхуэпӏэр?! – Улэ къыщетхъ, хуэмейуэ и сабийр зэрырашажьэри а сабийм и псэлъэкӏэр зэрымыхъури хузэхыхьэжауэ. Ауэ хъыджэбз цӏыкӏум езым деж мыхъумыщӏагъэ лъэпкъ щилъагъужыркъым, жиӏэми дагъуэ иӏэу къыгурыӏуэркъым.
– Мыр хуапэ бжесӏа?! – и макъым зрегъэӏэт Пагуэ.
– Мыр хуапэ бжесӏа? – щэху цӏыкӏуу жеӏэж Майе. Улэ зыри и гум темыхуэжу щӏокӏ. Пагуэ сабий щыгъын къабзэ зэтелъыр къищтэри гъуэлъыпӏэм кърикӏутащ:
– Майе, «сыхуапэ» жыӏэ, «сы-хуа-пэ». Уи анэр умыгъэбампӏэу, тэмэму псалъэ. Иӏэ, узыхуейр къыхэх мыбыхэми зыхуапэ.
Майе и адэм йоплъри щэху цӏыкӏуу жеӏэ:
– Зыхуапэ…
Самэу зэтелъ щыгъынхэм зыгуэрхэр къыхех, хуэмурэ щетӏагъэ, ауэ щӏыӏунэхэм щынэсым, хуэпхэркъыми, гъынанэу щӏедзэ. Лӏыр щӏокӏри фызыр тригъэужыну похьэ:
– Зыри къэхъунукъым здэсшэмэ, махуитӏ-щы дыщыӏэнщи дыкъехыжынщ. Ди анэри къесшэхыжынущ.
Уедауэкӏэ Пагуэ зыри къызэрыпумыхынур Улэ къыгуроӏуэ. Майе зэпеплъыхьри, и макъыр зэтриубыдэжауэ:
– Хъунукъым абы щитӏэгъахэр, хузэсхъуэкӏыжынщ, – жи.
Майе щӏэрыщӏэу ихуапэри, зрикъузылӏауэ тӏэкӏурэ иӏыгъащ. Хъыджэбз цӏыкӏум и ӏэблитӏыр гуэлъщ, ӏэплӏэ сыт хэмыту, и нитӏым гуфӏи нэщхъеягъуи къыщӏихыркъым. Щӏэкӏыну хуейщи, тӏэкӏу къытреӏэтыкӏ, армыхъумэ и анэм зыкӏи къегуэпэкӏыркъым.
Щыгъын лей хузэрылъхьэн хуейщ, унэм зэрыщӏэтын вакъэ щаби щӏыгъуу. Бжэщхьэӏум чы матэ тетщ, шхын гуэрхэр изу илъщ, и щхьэр щхьэщыпхыкӏыжащ, зы хъуржынышхуи бгъурытщ. Улэ унэм илъ шхыныпхъэм щысхьакъым, и пщыкъуэмрэ и гуащэмрэ я деж ирегъашэ. Тхьэм ещӏэ адрейми ӏыхьэ хухахынуми – Татианэщ зэгупсысыр. Сыт ищӏэн Улэ, абы ипӏри Пагуэ и бынщ.
Куэбжэпэм «Волгэ» хужь къыӏулъэдащ. Рулым дэсыр къикӏри чы матэри хъуржынышхуэри багажникым иригъэзэгъащ. Майе и щыгъынхэр зэрылъыр, зэрыджэгу гуащэр абы щхьэщысыжу, езым къыбгъурылъу фӏэкӏа идакъым. И анэм ӏэплӏэ, ба къыхуищӏащи, езым и напэр елъэщӏыж. Анэр и гъусэу зэримытӏысхьэри къыфӏэӏуэхукъым, зыщӏыпӏэ кӏуэмэ, аращ зыхуейр.
Адэр шофёрым бгъурысу, лӏитӏым я щӏыбагъым Майе къыдэсу йожьэхэр. Анэр гъуэгу сабэр къэзыгъэхъея маршынэм кӏэлъоплъ. Дапхуэдизу гугъу демыхьми, хъыджэбз цӏыкӏум и зыужьыкӏэм зыри хухэлъхьэркъым. Щӏохъуэпс сабий псоми яхэгъуащэ ищӏыну. Гъунэгъу хъыджэбз цӏыкӏухэр къыхуишэрти, унэрами пщӏантӏэрами, зыхуейм щигъэджэгурт, и пхъум и гуащэхэри хуит яхуищӏат. Майе абы щыгъуэми джэгуэгъуу къыхуашахэм тӏэкӏу яхэплъэрт, яхэтти, гунэс зэрыщымыхъуар нэрылъагъуу къахэкӏыжырт. А здишэм дауэ ар зэрыщыӏэфынур?
– Тыншу ущыс, гуащэ цӏыкӏу? – лӏы мыцӏыхур сабийм хуоплъэкӏ, мор еплъыркъым, жэуапи иритыркъым.
– Хэт деж дыздэкӏуэр, Майе? – Пагуэ и пхъум йоупщӏ, зыгуэр жригъыӏэу зэрымыбзагуэр лӏы хамэм иригъэлъагъун щхьэкӏэ.
Адэри жэуапыншэ мэхъу, ауэ Майе здэкӏуэр ещӏэ: Тӏыаузым.
– Нанэ деж докӏуэ, аракъэ, Майе? Нанэ уигу къэкӏа? – Пагуэ фӏэфӏкъым и быным дыгуэмыжьафэ къытеуэнкӏэ зэрыхъунур, аращи, зыфӏимыгъэӏуэху хуэдэурэ сабийр псалъэмакъым хишэну йолӏалӏэ.
– И, нэху цӏыкӏу, нанэ къэтшэжын? Уигу къэкӏащ, аракъэ?
Майе и гур унэ цӏыкӏу хуэдэущ зэрызыхищӏэр, зэрилъагъур. Балигъитӏыр зыгуэркӏэ къеупщӏыху, а унэ цӏыкӏум зыщеплъыхьри, къэкӏаи, къикӏыкӏаи щилъагъукъым, аращи езыри щыму къонэ, къеупщӏхэри жэуапыншэ мэхъу. Зыщ абы и гу-унэм щилъагъур: нанэ къоплъэ, къожьэри дурэш цӏыкӏум дэсщ.
– И гум исщ нанэ, – хъыджэбз цӏыкӏум и макъыр щэхуми, «нанэ» зэрыжиӏар адэм зэхехри, къэгуфӏэжауэ, зоплъэкӏ. Зыкъегъэзэжри къыбгъурыс лӏым йоупщӏ:
– Зэхэпха си пхъум жиӏар?!
Лӏым и щхьэр егъэкӏэрахъуэ, зэхэсхакъым жыхуиӏэу.
– Нанэ сигу къэкӏащ, жи! – къэхъуар бэлыхьу узыщыгуфӏыкӏыну зэрыщымытыр къызыгурыӏуэ Пагуэ и макъыр къызэрыгуэкӏ ищӏыну яужь итщ, ауэ зэрыгуфӏэр хуэбзыщӏыркъым.
Майе маршынэ щхьэгъубжэм доплъ, лъэныкъуитӏымкӏи кӏапсэлъэрышэу зэкӏэлъыщыт унэхэмкӏэ ещӏыха уэрамым ироплъэ. Зэм куэбжэм къыдэувыкӏауэ зызыплъыхь балигъхэр елъагъу, тетӏысхьэпӏэхэм тес дадэ-нанэхэм яхуоплъэкӏ, джэгум дихьэха сабий гуп цӏыкӏухэри къыщилъагъу къыхохуэ. Зыдэж къуажэхэр бгы абрагъуэхэмкӏэ къегъэбыдэкӏащи, хъыджэбз цӏыкӏум зыхещӏэ ахэр узыщыгугъ хъун быдапӏэу зэрыщытыр, я дзыхь ирагъэзу и лъапэм кӏэщӏэтӏысхьа цӏыхухэр зэрахъумэр. Зыхещӏэ, ауэ хужыӏэнукъым, жиӏэнуи елӏалӏэркъым. Майе и щхьэм допсэуж, зэкӏэ нэгъуэщӏ къилъыхъуэркъым. Ауэрэ къуажэхэр къаухри бгырэ ӏуащхьэрэ фӏэкӏа имылъагъуж мэхъу. Кӏуэмжэм, кӏуэм-жэурэ, гъэщӏэгъуэну зызыхъуэж дунейм хохьэ. Зэм и нэхэр толыдэ хъупӏэ хуитхэм, зэм мэз щхъуантӏэм псэ зыӏут куэд зэрыщыпэкӏур зыхещӏэ, нэхъыбэрэ зэплъыр бгыхэм дыжьыныфэ бгырыпх къраупцӏэха хуэдэ, тепсыпсыкӏыу къежэх псыхэращ. Псэ яхэтщ абыхэм, хъыджэбз цӏыкӏум ар фӏыуэ ещӏэ. Итӏани а псы къежэххэр зэхэлъэдэжу къэхъуа псыхъуэшхуэм езым и псэ цӏыкӏур тӏэкӏу пэӏэщӏэ ищӏмэ, нэхъ къещтэ, егъэшынэ абы щызэхыхьэжа къару лъэщым. Бгыщхьэ уэсхэри къощӏыӏэкӏ, нэхъ къищтэр удзылъэ щхъуантӏагъэхэращ. Апхуэдэу, нэм илъагъум елъытауэ зыхищӏэхэм захъуэжурэ, ар сабийм къытехьэлъащ. И гуащӏэ мащӏэр пэмылъэщыж щыхъум, гури псэри зыхъумэ жейм хилъэсащ. Ар нэгъуэщӏ дунейщ, езым и хабзэ иӏэжу. А дунейм Майе къыщелъэтыхь, мис, аузым щхьэщолъэтыкӏ, зэм «Волгэ» хужьыр зрижэ гъуэгум къыщхьэщохьэ, къуршхэмкӏэ егъазэ…
– Майе, дыкъэсащ! – жи адэм.
Тӏыауз къалэ цӏыкӏум Майе и щыпэкъакӏуэщ. Дэни хуэдэу, мыбыи дыгъэ къыщопс, жьы къыщопщэ, сабафэ щхьэкӏэ, сабэншэщ. Мыбы дэт унэхэм хэлъ щхьэгъубжэ зэпэплӏимэхэм я щхьэм нэгъуэщӏ къытетщ, абы ищхьэжым иджыри къытетщ, псори зэхуэдизыбзэщ. А унэхэр зи инагъ ущӏыхьэмэ, ущӏэгъуэщэнукъэ? Ящыщ зым щӏохьэ зэадэзэпхъур. Дэкӏуеипӏэ къэгъэш-нэгъэшымкӏэ докӏуей, ещанэ къатым носри зэхуэплъэу хэлъ бжэ зэщхьитӏым язым бгъэдохьэ. Майе шхынымэ къыщӏехьэ: зыгуэрым кӏэртӏоф егъажьэ, бжьын куэду хэгъэлыбжьауэ. Псыунэм́ и щӏэтщ. Майе и гур къокӏуэ, и щхьэр мэуназэ, и лъакъуэр щӏощӏэри къомэх.
Ӏэгу пхъашэ и щхьэфэм къыдалъэмрэ макъ щабэ къепсалъэмрэ зыкърагъэщӏэж. Тӏури фӏэфӏщ, и псэм ӏэпех, и гум дохьэ – и нанэращ зейр. И нэр къызэтримыхыу и напӏэм къызэпхроплъри, нэху защӏэу зэщӏэблэу елъагъу и анэшхуэр. Нанэ и нэхум хэджагуэу щылъыфынут ӏэджэрэ, ауэ абы уфафэу зы ныбжьышхуэ къыщхьэщытщ – ар и адэм ейщ.
– Мы сабийр шхауэ къепшэжьа? – гузавэм игъэкӏэзызыхь макъкӏэ щӏоупщӏэ нанэ.
– Сэ сщӏэрэ? – жи и адэм, и пцӏыр пэжыфэу игъэӏуну егугъуурэ. Улэрэ езымрэ зэдэуэху маршынэр къэсри, сабийр мышхауэ кърагъэтӏысхьат. Пэжыр жиӏэмэ, анэр шхыдэнущ, Пагуэ абы хуейкъым.
Майе къызэфӏотӏысхьэ. Нанэ и нэхур иджыри зэщӏоблэ, адэм и ныбжьыр мэкӏуэдыжри и теплъэр къонэ.
Пэш цӏыкӏум щӏэтыр мащӏэщ: сырэ, ӏэнэ, шэнтитӏ, гъуэлъыпӏэ бгъузэ. Ущызэкӏэщӏэплъу къабзэщ. Блыным фӏэлъ гъуджэ хъурейм тредзэ щхьэгъубжэм къыдидз пщыхьэщхьэ дыгъэ нэбзийхэр, абдежым зыкъыщагъэшыжри, езы гъуджэр мыгъуджэу, щхьэгъубжэ хъурейрэ дыгъэр абыкӏэ къыщӏэпсэу фӏэкӏа умыщӏэну, пэшым зыщызэбгрепхъ. Майе нэбгъузкӏэ къеубыд а дыгъэ нэбзий щабэм и гуащӏэ кӏуэщӏым щыщ. Езым ейр кӏуэщӏыпащи, мор зыщӏешэ… Бжэр къыӏуехри бжэщхьэӏум лӏы лъагэшхуэ къобакъуэ.