Улэ и щхьэцыр ирежьых, еухуэн, ешыхьыж. И бостей нэхъыфӏыр щетӏагъэри лъэдакъэ тӏэкӏу зыщӏэт и вакъэм тоувэж. Мыр сыт, и фӏэщи? И щхьэ щодыхьэшхыж. Нобэ и джийм зыри ехакъым. И ӏупэр гъущӏащ. И щхьэр мэуназэ. Псы йофэ.
Сыхьэт щӏэӏуантӏэм йоплъ – жэщ ныкъуэщ. Шэнт щхьэгуэр къещтэ, унэкум ирегъэувэри, къотӏысыкӏ, и гур дэп жьэражьэм хуэдэщ, и бгъэр къресыкӏ, и нэкӏущхьитӏыр къызэщӏэнащ. Сыту пӏэрэ ныжэбэ къыпэплъэр?..
– Си анэ, къысхуэгъэгъу… Псалъэ уэстат мыпхуэдэ ӏуэху сыхэмыхьэну. Сабий закъуэм и узыншагъэщ арэзы сыщӏытехъуар…
Хьэ парийр хопщӏэукӏри хьэгъуэм йолъэдэж. Пщӏантӏэм мыцӏыху дэтщ – кӏыфӏыгъэр кӏыфӏым къыхэмыщми, псэущхьэм зыхещӏэ. Унэбжэр дамэдазэу ӏухауэ къигъэнащи, кӏыфӏыгъэр пшагъуэ-ӏугъуэ зэхэту щӏоукӏурие – псэ джэгур ежьэнущ…
Уэздыгъэри имыгъэункӏыфӏауэ Улэ хьэзыру щысщ, шэнт щхьэгуэм тесу. Ӏугъуэ фӏыцӏэм унэгуащэр къеуфэрэзыхь, и лъакъуэм щегъэжьауэ и щхьэм нэс зрешыхьэкӏ. Ӏэтауэ иӏыгъа и щхьэр зэуэ къыфӏоху, и жьэпкъыпэр и бгъэм къытеуэжу – пкъыр къанэри, псэр ирахьэжьащ…
БАХЪЭСЭН
Ⅰ
Бахъэсэн и ӏуфэм къуажэ куэд ӏусщ, нэхъ ин дыдэр псыежэхым и цӏэр зыфӏащыжаращ – Майе къыщалъхуа къуажэр. Абдежым ирихьэлӏэу къуажэ уэрамхэм псы къыщиж хъуат – щӏым гъущӏ бжьамийхэр щӏалъхьауэ, абыкӏэ къакӏуэрт. Хьэблэ къэс гъущӏ быдэм къыхэщӏыкӏа псы къижыпӏэ хутрагъэуват, ищхьэмкӏэ къыщытепкъузэмэ, псыр къиутӏыпщу, бутӏыпщыжмэ – иубыдыжу. Псынэпсым хуэдэу къабзэт, ӏэфӏт абы къижыр, ауэ щагъэувыӏэ куэдрэ къэхъурт. Апхуэдэхэм деж къуажэдэсхэр псыежэхым псыхьэ кӏуэрт – Бахъэсэныпсым иджыри щыужахэтэкъым. Псыхъуэм пэгъунэгъухэр нэхъ къикӏат, ауэ уэрамыщхьэм псы къыщибгъахъуэу удыхьэжыным и тыншыгъуэр къэзыщӏа нэхъ жыжьэхэм иджы гугъуехь тӏуащӏэу къащыхъурт Бахъэсэныжь псыхъуэ дыхьэныр. Щӏымахуэм деж ӏэжьэм е шыдыгум зи щхьэ ягъэбыдэж чей ирагъэувэрти, унагъуэри ӏэщри зрикъун псы къашэрт. Шыдыгурэ чейрэ зимыӏэхэр пхъэхь зэфӏэдзакӏэ кӏуэкъэкӏуэжу ӏутт.
Хъыджэбз цӏыкӏухэм я жагъуэтэкъым пхъэхькӏэ псы къахьыну. Псы ӏуфэм ӏутыху дыгъэ жьэражьэр нэхъ щабэу зыхащӏэрт, псым и шкӏуэрашкӏуэр макъамэу зэхахырт. Ауэ псом ящхьэр псыхьэ кӏуэуэ къэкӏуэжыхукӏэ зэрытеур арагъэнут, я нэгу зиужьт, зэдэуэршэрт. Хьэблэм зэныбжьу дэсыр зэгъусэу кӏуэрт, абы щыгъуэм къыдэмыкӏ жыхуаӏэм хуэдэу дыгъэм дижьыхьыжауэ псыхъуэм дэс щӏалэжь цӏыкӏухэм зэрахуэзэнури хэтт ӏуэхум хуэзымыгъэщхьэхым. Къэхъункӏэ хъунури ящӏэрт: къезэуэнукъым, ауэ псы къахьым ятӏэ, мывэ къыхадзэнущ. Езыхэри, губжьарэ ешауэ, ягъэзэжынщи псы къабзэ кърагъэхъуэжынщ.
Зэгуэрым Майе хъыджэбзышхуэхэм ябгъурыту ежьэри псыхъуэм нэсащ, гъэзэж къыжраӏэкӏэ, емыдаӏуэу. Майе зыми едаӏуэ и хьэлтэкъым, къыжраӏэри зэхих-зэхимыхт, жэуапи иттэкъым. Хуейти, кӏуащ хъыджэбзхэм я гъусэу. Псыр жыжьэт, арат Майе хуэдэ нэхъ цӏыкӏухэр щӏызэдамышэр. Майе, сешащи жимыӏэу икӏи закъыкӏэримыгъэхуу, нэсащ псыхъуэм. Хъыджэбзхэм я пэгуныр из ящӏащ, пхъэхьым палъхьэжри, хуэмурэ къежьэжауэ къыздэкӏуэжым, щӏалэжь цӏыкӏу дыгъэрыжьэхэр къапэуващ, къазэрыӏэрыхьэкӏэ, хэт мывэ, хэт ятӏэ, хэти вэнвей пэгунхэм хадзащ. Щӏалэжь цӏыкӏухэм зы сырыху нэхъ макъышхуэу, нэхъ ӏэлу къахэщт. Хъыджэбзхэр къэгубжьри, къапэщӏэхуэ мывэр къащтэурэ яхэуэжащ мо къуейщӏей гупым. Сырыхум и натӏэм зыгуэр техуэри, кӏийуэ епхъуэжащ, лӏы хъуанэкӏэу инуи хъуэнащ. «Пхуэфащэщ, жьэ фӏей!» – хьэблэ хъыджэбзхэр икӏуэтакъым. Сырыхум и натӏэр зэгуэудауэ лъы къижырти, и ӏэгур кӏэрикъузауэ иӏыгът, абы къыщыщӏар къафӏэмыӏуэхуу, и гъусахэр щӏэпхъуэжат. Хъыджэбзхэм фӏей хъуа псыр иракӏутыжри ягъэзэжащ. Майе сырыхум бгъэдыхьэри и щӏыбым ӏэ дилъащ. «Сыт уэри узыхуейр?!» – жиӏэу къыжьэхэлъа щхьэкӏэ, Майе къилъэгъуащ абы и нитӏым къыщӏиха гуфӏэр. Сырыхур ежьэжащ, Майе, и гъусахэм яхуемыплъэкӏыххэу, абы и ужьым иувэри здэкӏуэмкӏэ кӏуащ. Мор къызэплъэкӏри дыхьэшхащ: «Сыт узыхуейр?» Майе, зыри жимыӏэу щӏалэжь цӏыкӏум кӏэлъыкӏуэурэ, я унэм нэсри чы бжыхькӏэ къэхухьа лъапсэм дыхьащ. Унагъуэр зэрыхуэмыщӏар нэм къыщӏидзэрт. Ятӏэ чырбыш унэ цӏыкӏур къабзэу зехьат, пщӏантӏэр зэлъыӏухат. Сырыхур къызэплъэкӏыжри, къыхуэгуфӏа е къыщыдыхьэшха – Майе къыгурыӏуакъым, ауэ къеупщӏащ:
– Уэ сыт узыхуейр, и? Кӏуэж, уи гъусэхэр кӏуэжащ куэд щӏауэ! Укъалъыхъуэ хъунщ, хьэблэр зэхыхьауэ!
Фыз гъур кӏыхьым и пэш къыщӏыхьи и кӏии зы ищӏащ:
– Уэ дапщэрэ бжесӏа щӏалэжь цӏыкӏухэм уахэмыхьэну? Пхуэфащэщ, укъаукӏау арамэ!
– Сэ зыми сиукӏыфынукъым! Мыр сыщӏэпхъуауэ сыжэрэ пэт, сылъэпэрапэри мывэм зэгуиудауэ аращ.
Сырыхур… хъыджэбз цӏыкӏут!
– Пэж мыбы жиӏэр? – сырыхум и анэ сырыхубзэр Майе къеплъащ – Уэ дэнэ езыр укъыздикӏар?
– Псалъэркъым ар! – Сырыху гуфӏэу и анэм хъыбар ирегъащӏэ, я «хьэщӏэр» езым и ныбжьми, и зэфӏэкӏыр куэдкӏэ зэрынэхъ мащӏэр и гуапэу.
– Сабий бзагуэ мы ӏэшэлъашэм ису зэхэсхакъым… – цӏыхубзыр гъуэнэгъубзэу бгъэдыхьауэ Майе зэпеплъыхь.
– Хэт уи цӏэр?
– Тэру Пагуэ ипхъу… – Майе и цӏэр жимыӏэу, и адэм и цӏэ-унагъуэцӏэр жиӏащ – ирагъэсат, гъуащэ хъумэ, апхуэдэу жиӏэну.
– Ыхьыы, – фыз гъурыр икӏуэтыжащ. Щӏыбагъ пэшымкӏэ щӏэплъэри зыгуэрым жриӏащ:
– Хьэщӏэ диӏэщ.
– Хэт? – къэӏуащ цӏыхубз макъ.
– Пагуэ и пхъур.
– Пагуэжьми?! Мыбы нэс хэт къэзышар?
– Езыр къэкӏуащ.
– Езыр цӏыкӏукъэ?
– Цӏыкӏукӏэ цӏыкӏукъым, ди Нуцэ хуэдизщ…
– Щӏэгъэкӏыж, къэкӏуамэ! А ӏеижьым и зэранщ уи адэр зыдэса хьэблэм дамыгъэхьэжу мы псыхъуэм дыкъызэрыдэтӏысхьар.
– И закъуэу кӏуэжыфыну си фӏэщ хъуркъым.
– Нуцэ егъэшэж.
– Нуцэ!
Нуцэр унэм щӏэпкӏыжри бзэхащ. Майе щӏыбагъ пэшымкӏэ щӏыхьэри пӏэкум ис фызыжь нащхъуэм и пащхьэм иуващ…
– Сыт укъыщӏызэплъыр? Хьэм укъихуа мыбы нэс? – фызыжьыр антыхэбзэкӏэ шхыдэурэ, нэмыцэбзэм тохьэж, Майе зэхих бзэ мыцӏыхум и тхьэкӏумэр тегъэхуауэ йодаӏуэ, фӏэгъэщӏэгъуэнщ. Фызыжьыр антыхэбзэм тохьэж: – Уи анэр дахэщ, уэ абы зыкӏи урещхькъым…
– Зыкӏи урещхькъым… – Майе зэхихар жеӏэж, фызыжьым и къэпсэлъыкӏэм зыпищӏыжурэ.
– Уи ӏуэху тэмэму пӏэрэ уэ ӏейм? – фызыжьым и нитӏыр къытриубыдауэ къыздеплъым, Майе абы нэхъри бгъэдокӏуатэри, и щхьэр и куэщӏым ирелъхьэ. Фызыжьым хуэмурэ и ӏэ ижьыр къеӏэтри, Майе и щхьэм къыделъэ.
– Мыр сыт? Уешауэ ара? Къакӏуэ-тӏэ, зыгъэпсэху.
Майе гъуэлъыпӏэм допщейри фызыжь нащхъуэм бгъэдотӏысхьэ. Унэжь цӏыкӏум щопсэу зэрылъхузэрыпӏ цӏыхубзищыр: анэшхуэр, и пхъур, и пхъурылъхур. Нэхъ тхьэмыщкӏэу къуажэм дэс унагъуэхэм ящыщщ. Я лӏыжьыр зэрылӏэрэ зыкъом щӏащ. Жэм закъуэ яӏэти, яхуэмыгъашхэу ящэжащ. Гъунэгъухэри зэхуэдэу къахущыткъым. Хэти къадоӏэпыкъу, хэти «нэмыцэщылъхущ» жаӏэри, ӏумпэм къащӏ. Я лӏыжьыр зауэм щыгъуэ нэмыцэм ящӏыгъуу дэкӏри, ӏэджэ дэкӏауэ къигъэзэжащ, нэмыцэ фызрэ хъыджэбз цӏыкӏурэ щӏыгъуу. Фызым и цӏэр Ребеккэт, и лӏыр Бэкэкӏэ еджэрт. Пагуэ балигъыпӏэ иуват абы щыгъуи, нэмыцэм ягуэтар къуажэм къыдагъэтӏысхьэж мыхъуну псалъэмакъ къиӏэтащ. Бзэгу ихьу и адэр нэмыцэм езыгъэубыдар а лӏыр арауэ зэхихат. Арщхьэкӏэ, гущӏэгъу зыхэлъ я къуажэгъухэм къахэкӏри, унагъуэм къащхьэщыжу къэуващ. Хьэблэ зыдэсам дэтӏысхьэжу къыхуамыда щхьэкӏэ, псыхъуэм деж щӏы кӏапэ къыщратащ. Унэ щхьэгуэжь цӏыкӏу ирищӏыхьри щыпсэуащ лӏэжыху. Нэмыцэ фызым антыхэбзэ зригъэщӏащ. Унэгъащӏэу къабгъурысхэм абы Нащхъуэ къыфӏащащ. Бзэгуцэмрэ нэмыцэмрэ я пхъур пасэу дэкӏуэри къикӏыжат, хъыджэбз цӏыкӏу щӏэсу. Нуцэ илъэсищ щыхъум, бзэгуцэр Бахъэсэныжь итхьэлащ, и хьэдэр ерагъыу къагъуэтыжри щӏалъхьэжащ. Нащхъуэ и лӏыр макъкӏэ игъеятэкъыми, «зэрынэмыцэ дыдэ» жаӏащ гъунэгъу фызхэм, «гу быдэ» кърагъэкӏыу. Абы ипэкӏэ зэм Нащхъуэ, зэм нэмыцэ жаӏэу щытати, Нащхъуэ цӏэр «трахыжри», нэмыцэ къудейкӏэ еджэ хъуащ. И пхъум зэреджэр «нэмыцэм ипхъу» е «нэмыцэм къилъхуа».
Ребеккэ антыхэлӏым щӏыгъуу Кавказым нэс къэкӏуэну арэзы щӏэхъуар зеиншэт, и унагъуэр зауэм хэкӏуэдати арат. Иджы фызабэу къэнащ. Сытыт гъыкӏэ, бжэкӏэ? Лӏар къэтэджыжынутэкъым, езыр яфӏэгуэныхь хъуми, зыри къыхуащӏэнутэкъым. Зэрыпсэунур дауэ? И пхъур колхозым хэтщи, къратыр мащӏэщ, и сабий закъуэр нацӏэрыфэ хъужауэ уэрамым дэтщ. Лъэӏуакӏуэ хыхьэу факъырэӏус къыхиха папщӏэ, Нуцэ ӏэнэщӏу къэкӏуэжыркъым – зыгуэрхэр къыщӏеуӏукӏ. Зэуэрейщ, и щхьэцыр яупсри, сыт щыгъуи кӏэщӏщ, и лъэгуажьитӏыр теуда зэпытщ. Щӏалэ цӏыкӏухэм яхэтурэ, и щхьэм къыщхьэщыжыф хъуащ. Нэмыцэ щылъхукӏэ къеджэрт, ауэ апхуэдэхэм щхьэкӏэ Нуцэ къикӏуэтынутэкъым.