Ребеккэ ӏэрыгъадэ маршынэ иӏащ, фызхэм яхуэдэрт, дыпщӏэу шатэ, джэдыкӏэ къариӏыхырт, ахъшэ тӏэкӏу къыщыпэкӏуи къэхъурт. Маршынэр фӏадыгъуащ. Зыдыгъуари ищӏэрт, ауэ къытрихыжыну хулъэкӏынутэкъым – къуажэ советым нэмыцэ фызым пщӏэ щиӏэтэкъым, къуажэдэсхэрати, яхуэтхьэусыха щхьэкӏэ, зыми къафӏэӏуэхуакъым. Мыбы лей къытохьэ жиӏэу псэ зыӏут къыщымыувым, и ӏэрыгъадэ маршынэр зыдыгъуахэм нэмыцэбзэкӏэ тебжаи, ебгаи – унагъуэм зэдыщӏэкӏыу фэрэкӏ къатекӏэри, фэрэкӏнапэу къэнащ. Ребеккэ къищӏат и маршынэр бэзэрым яхьу зэращар. Къедыгъуари щӏегъуэжат, и пхъуищыр ямышэу къыщыдэнэжкӏэ, щӏегъуэжынтэкъэ. Хэт фэрэкӏнапэ хуейр? Удахэу уашарэт.
Пагуэхи ебгат нэхъ гуащӏэжу. Абы и зэранщ щӏыфӏ дыдэ зэрылъ щӏапӏэм ирамыгъытӏысхьэжу Ребеккэрэ и лӏымрэ псыхъуэ мывалъэр псэупӏэ зэращӏар. Я щӏапӏэжьым исыжамэ, щӏым сыт хищӏэми, къэкӏынут, а хьэблэм дэсхэри зи ӏуэху нэхъ хуэщӏат. Дыгъуэрабзу къуажэм дэсыр псыхъуэмкӏэ нэхъ къэкӏуэрейщи, Ребеккэ джэдкъазри хадэм зэрыщыӏэбэ ӏэмэпсымэри фӏадыгъу. А псор зи лажьэ Пагуэ и пхъур къакӏуэри къыбгъурытӏысхьащ.
– Нэкъицӏэфт, сыт укъыщӏызэплъыр? Уи анэ дахэ дыдэми уи адэжьми уарещхькъым. Дэнэ уэ укъыздикӏар?
…Хъыджэбзхэм псы яхьу хьэблэм щагъэзэжам, пшапэ зэхэуэгъуэт. Улэ къапэплъэу уэрамыщхьэм тетт. Майе щимылъагъум, и фэр зэщӏэкӏащ. Псым ирагъэхьамэ?!
– Щӏалэжь цӏыкӏу гуэрым и гъусэу ежьэри, деджэкӏэ къытхуигъэзакъым.
– Хэтхэ я щӏалэ цӏыкӏу?
– Хъыджэбз цӏыкӏут ар! Сырыхубзэу, псыхъуэмкӏэ дэсщ! Нэмыцэм и пхъур!
Унэм щӏэлъэдэжри Жануэс жриӏащ Майе къилъыхъуэну псыхъуэмкӏэ зэрыкӏуэр. Щӏэупщӏэурэ къигъуэтащ, кӏыфӏ зэхэту нэсащ Ребеккэ и унэм. Майе жеяуэ ирихьэлӏащ, къыхуэгъэушыртэкъым, къызэщыурти жеижырт. Ӏэплӏэкӏэ къищтэри кърихьэжьащ. Уэрамдэкӏ защӏэт, хадэу екӏуэкӏыу, жэщ кӏыфӏым зытеувэр имылъагъуу, лъапэрапэу. Къэувыӏэм, зигъэпсэхум, ежьэжурэ, къакӏуэрт. Кхъэм пэзанщӏэ щыхъу дыдэм Майе къэушри, и анэр къицӏыхужакъым, здэщыӏэри къыгурыӏуэртэкъым – шынащ, зыӏэщӏиудыну ныкъуэкъуащ. Сабийр гъым, и анэри дэгъыу, ерагъыу къэсыжахэщ. Жануэс куэбжэпэм ӏутт.
Ⅱ
…Уэшх къызэремышхыу, псыри къызэримыжу екӏуэкӏырти, сабийхэм хьэблэ-хьэблэкӏэрэ хьэнцэгуащэ кърашэкӏыу щӏадзащ. Къуажэшхуэм балигъхэр нэхъ зэроцӏыху, сабийхэр хьэблэ зырыз къыщыхъуамэ, зэхуэхамэщи, зэхэзагъэркъым. Хамэ хьэблэ дыхьэхэм къапоув, къыдахуж, зэхэуэ, зэрыфыщӏ къыщыхъуи щыӏэщ. Жануэсхэ я хьэблэм унагъуащхьэ чэзууэ джэдыкӏи хьэжыгъи щыхахри зы гуп дэтщ, хьэнцэгуащэ уэрэдыр кърашу. Абыхэм яхэт Нуцэ сырыху цӏыкӏур Майе къилъагъури щыгуфӏыкӏащ. Модрейри къыщыгуфӏыкӏыжащ. Арати, Майе абы и ужь иувэри ежьащ. Къуажапщэм нэс дэкӏуеящ. Дауи, ахэр хуиту абы нэс ягъэкӏуэну хъунтэкъым, «фыздэкӏуэр дэнэ, фи хьэблэм къыщыхэфх джэдыкӏэ» жаӏэу къапэмыуву, ауэ Нуцэ гупым зэрапашэр ялъэгъуа нэужь, апхуэдэ гукъыдэжыр яфӏэкӏуэдырт. Ешахэщ, къыхахар къахуемыхьэкӏыж хъуащ, унагъуэ къэс къытракӏа псым псыхьэлъахуэ ищӏахэщ, къэмэжэлӏахэри пэжт. Къагъэзэжауэ къехыжурэ, Майехэ я унэм къыщыблагъэм, Нуцэ жеӏэ: «Майе, накӏуэ фи деж!» Майе Нуцэ и нитӏым къыщӏих нэхур елъагъу, ауэ жэуап иритыркъым. «Фынакӏуэ, дыдэвгъэхьэ!» – жи езы Нуцэ. «Хъунукъым» къыщыжрамыӏакӏэ, и гушхуэныгъэм къреубыдэ накӏуэпакӏуэу дыхьэныр. Сабий зэрызехьэм я макъым унэм къыщӏиша нанэр зыхэплъар зи щыгъынхэр ныкъуэгъущ сабий дыгъэрыжьэхэращ. Нуцэт псоми тегушхуэри, япэ ищри лъэӏуащ:
– Кхъыӏэ, мы ди джэдыкӏэм щыщ тхуэгъави дыгъэшх, шхын щхьэкӏэ долӏэ!
Гупхэмыхьэ Майе мыбыхэм яхэту зылъэгъуа нанэр мыгуфӏэу къэнэнт?
– Фи джэдыкӏэми сыхуейкъым, тӏасэ, фэ фшхын дэ диӏэщ, фыныщӏыхьэ модэ пщэфӏапӏэм! – Жануэс гуэщым къыпыт гъэмахуэ пщэфӏапӏэмкӏэ и ӏэр ищӏащ. Мо зи ӏумацӏэр къэхъея гупым нанэм и псалъэр тӏэу жыӏэ ящӏакъым, зэрыщӏыхьахэщ. Тӏысыпӏэ зылъысар щысу, зылъымысар зэфӏэту щӏакхъуэрэ кхъуейрэ зэдашх, щӏакхъуэ бзыгъэм шатэ щихуэм, фошыгъу тригъэщэщэжурэ Жануэс ӏэнэм къытрелъхьэ – ари ирагъэкӏ, пхъэщхьэмыщхьэпс ӏэфӏми щыщ къранэркъым. Я ныбэ из щыхъум, гупзешэ Сырыху къыхилъхьащ:
– Фынеуэ Къудан хьэблэ!
– Сыт абы щыӏэр?
– Къуданхэ Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏыр пхъуантэм къыдахынущ нобэ!
– Ар дэнэ нэс? Мы тӏыгъ къомыр-щэ?
– Мыхэр делъэӏунщи мыбдеж къэдгъэнэнщ, дыкъыщыкӏуэжкӏэ къэтщтэжынщ.
Унафэр ягу ирихьами, Къудан хьэблэ кӏуэнымкӏэ псори арэзы зэдэхъуакъым:
– Хьэуэ, сэ сешащ, сыкӏуэжынущ.
– Сэри ди деж къызэшхыдэнущи, сымыкӏуэжу хъунукъым.
Нуци гурылъ ищӏам пикӏуэтыж и хьэлтэкъыми, ежьащ:
– Кӏуэжынур фыкӏуэж, нэкӏуэнур фынакӏуэ!
Я хьэжыгъэ пэгунитӏымрэ джэдыкӏэ хъушэмрэ Жануэс и пщэфӏапӏэм къыщӏанэри, Сырыхур я пашэу гупым къэнэжар ежьащ, нобэрей махуэм мыхьыр зыхь хьэнцэгуащэр къащтэри.
Майе Нуцэ и нитӏым къыщӏих нэхугъэм зыӏэпешэ, дэни кӏуэнущ и ужьым иту. Сабийхэр шхэху ядэуэршэра Жануэс къыгурыӏуат хъыджэбз сырыху цӏыкӏур зейр. «Нэсрэн мыгъуэр нэмыцэм езыгъэубыда бзэгуцэм и щылъхур си унэ щызгъэшхащ… Сытми къысхуиухьт… Арщхьэкӏэ сабийм сыт и лажьэ? Зэрыбзаджэ цӏыкӏу плъагъуркъэ: джэдыкӏэхэр ибжащ, гупыр кӏэкӏэ зэрехьэ, тхьэ…»
Майе сабийхэм якӏэлъыдэкӏыну хэтщ. «Тхьэ, узмыгъэкӏуэну-тӏэ, алейкӏи укъызэмыплъ. Жэщ ныкъуэм уи анэм укъилъыхъуэу зэрыдэтар уфӏэмащӏэ?!»
Майе зыри жимыӏэу кӏуэри Нуцэ и къуагъым къуэувати, Жануэс зыхуэшыӏэжакъым:
– Абы къыкӏэрыкӏ! Уэ ар ныбжьэгъу пхуэхъунукъым!
…Сырыху и гупыр нишэсащ Къудан хьэблэм. Унагъуэм щӏэсри хьэблэм дэсри пщӏантӏэм щызэхэтт. Сабийм я дыхьэгъуэмрэ я нанэ и къыщӏэкӏыгъуэмрэ зэтехуащ. Абы щхьэнтэ кӏыхьым теубгъуауэ напэӏэлъэщӏ гъуабжафэ къыщӏихащ и ӏитӏ шиям телъу. Пщӏантӏэкум ит шэнтщхьэгуэм тепщэчыхуэ тетт псы иту – ар дыгъуэпшыхь ягъэуват, жэщ псом щыту уафэм къех гуащӏэр зыщӏишэн папщӏэ. Нанэр абы бгъэдыхьэри, и ӏэ лъэныкъуэр псым хищӏэм, къыпыткӏу ткӏуэпсхэр щхьэнтэм триутхэурэ тхьэ елъэӏуу щӏидзащ:
– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщӏа, Сосрыкъуэ зэзышэлӏэжа, уэшх щхьэкӏэ дынолъэӏу! Уэшхым хуолӏэ щӏыр, къэкӏыгъэр, псэущхьэр, псыежэх игъущыкӏхэр, лъэкӏэ къэзыкӏухьхэри дамэкӏэ къэзылъэтыхьхэри. Уафэр пшагъуэм къегъэуфэбгъу, ар уэшхыу щӏым къытхуегъэхыж. Тщхьэщремыкӏ, тремыкӏыж, уэшхыу кърешхи псэ зыӏутми зыӏумытми егъэӏуэтэж!
Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, Сосрыкъуэ къэзыгъэщӏа, Сосрыкъуэ зэзышэлӏэжа, уэгъум дыщыхъумэ, гъейм дыкъегъэл!
Нанэр лъэӏуэху, пщӏантӏэм дэтхэм я ӏитӏыр уафэмкӏэ яшийрт, я ӏэгухэр ущӏауэ. Абыхэм якӏэлъыплъ сабийхэри, дырийпсырий хьэл яхэлъу умыщӏэжыну, зэи ямыӏа зыхэщӏэныгъэ гуэрым зэщӏиубыдауэ, мыхъейуэ зэхэтт, хьэнцэгуащэр зыӏыгъитӏыр я пашэу. Сабийхэм гу къалъитэри, нанэм и тхьэлъэӏум ахэри хибжащ:
– Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, дыгъэм десыж, гузэвэгъуэм кърихужьауэ сабийхэм хьэнцэгуащэ кърашэкӏ. Гущӏэгъу къытхуэщӏ, уэшх къыдэт, дыгъэӏуэтэж, Сосрыкъуэ и псэр къытхуогузавэри, гъэпсэхуж!
Напэӏэлъэщӏыр куэдрэ пхъуантэм къыдамых хьэпшып лъапӏэти, ар къыщыхъу махуэри нэхъ лъапӏэ хъурт. Иджы хуэдэу кӏыхьлӏыхьу уэшх къыщемышхам деж, цӏыхур мы унагъуэм къелъэӏуу щӏадзэт, Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏыр къыщӏрагъэхыу уэшх щхьэкӏэ тхьэ ирагъэлъэӏуну. Ӏуэхур уэгъум хуэкӏуэну къыгурыӏуа нэужьт ар унагъуэм ис цӏыхубз нэхъыжьым щигъэзащӏэр. Абы лъэӏукӏэ Тхьэм зызэрыхуигъазэм нэмыщӏ, езыми и ӏэпкълъэпкъкӏэ зыхищӏэн хуейт уэшх къытешхэурэ псыф хъуауэ, къыпыжыр щӏым телъэдэжу. Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏымкӏэ Тхьэ щелъэӏуакӏэ, зыми шэч къытрихьэртэкъым мынобэми, пщэдей уэшх къызэрешхынум. Зэтэкъым ар зэрагъэунэхуар. Хьэмэрэ Сосрыкъуэ и цӏэр къраӏуэмэ, тэджу лъэпкъым яӏэ хабзэр ягъэзэщӏэн зымыда нысэхэм къащыщӏар-щэ? А хабзэм пэув куэд лъэпкъым кърашэ нысэхэм къахэкӏтэкъым, ауэ къахэкӏа закъуэтӏакъуэми хэт и бзэр иубыдащ, хэт къеузри имыщӏэу сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Языхэзми зы дохутыр къеӏэзэфакъым, къеузыр къызыхэкӏар къахуэщӏэртэкъыми. Нэхъыжьхэм ягъэӏущурэ, зэрыкъуэншар жаӏэу гущӏэгъу къахуищӏыну Тхьэм елъэӏуа нэужьщ узыншэ щыхъужар. Ар зи нэгу щӏэкӏахэм я фӏэщ мэхъу напэӏэлъэщӏ гъуабжэм и къарур.
Сосрыкъуэ и напэӏэлъэщӏыр иӏыгъыу нанэр унэм щӏыхьэжащ и лъэӏуэныр имыухыурэ. Хьэнцэгуащэ къезышэкӏ гупри гулъытэ хуагъэныкъуакъым. Цӏыхубз нэхъ щӏалэхэм тхьэ зэрелъэӏуа псыр сабийхэм къытракӏэжащ, жыжьэ къикӏахэщ жаӏэри, джэдыкӏэмрэ хьэжыгъэмрэ ӏэфӏыкӏи къыхущӏагъуащ. Къуданхэ я деж къыщыхахар ерагъыу къахуэхьынурати, пэгун хьэлъэхэр зэӏэпахыурэ, я псэр пыхуу я хьэблэм дыхьэжахэщ. Тэрухэ къагъэнари къащтэжу, я анэхэр ягъэпщэфӏэн, хьэблэр зэхуэсу тхьэлъэӏу ӏуащхьэм деж щашхыжын хуейт, ауэ Сырыху ищӏа унафэр нэгъуэщӏщ: къыхахар зэуӏу зэращӏыжын къаруи зэрашхыжын гукъыдэжи ныщхьэбэрей ӏуэхукӏэ яхурикъунукъым, пщэдей трагъазэрэ къащтэжмэ нэхъыфӏщ, загъэпсэхужауэ. Пцӏы хэмылъу езэшахэти, зэхуэарэзыуэ зэбгрыкӏыжащ.