– Мис бгым дызэрихьэ бгъуэнщӏагъхэр.
Майе и бзэр къеутӏыпщ.
– Сеплъыну сыхуей, – жи.
– Абы уеплъын щхьа, бгы гъуанэм уихьэу адэ нэс уехын хуейщ, – жи адэ къуэшым. И гугъэщ Майе шынэу щӏегъуэжыну.
– Сешэхи сыгъэлъагъу, – Майе тегушхуэныгъэ хэлъщ. Зи макъ куэдрэ къэмыӏу и къуэш быныр къопсалъэ, къолъэӏу – Ӏэдэм и гур дауэ щабэ къэмыхъунрэ… Сыт абы хэлъыр – езыр апхуэдизрэ зэрызекӏуа гъуэгум сабийр и гъусэу ирикӏуэным?
– Уделэ уэ? Ар ядэнукъым! – къыжраӏэ и лэжьэгъухэм.
Ӏэдэм шахтёрхэм я унафэщӏым бгъэдохьэри йолъэӏу и хьэщӏэ цӏыкӏур шахтэм щӏригъэшэну.
– Хьэуэ, сыкъащӏэмэ, сыӏуагъэкӏынущ. Мыр сабий теупӏэкъым, уи жагъуэ умыщӏ, – къыжреӏэ.
Ӏэдэм щӏэлъэӏуар къызэрыхуамыщӏам къытригъэхьат, сабийми щыукӏытэ хуэдэт, къызэригъэгугъар хуищӏэжыфтэкъыми. Хуейт мо хъыджэбз махэ, гуащӏэмащӏэ цӏыкӏур игъэгуфӏэну, игъэгушхуэну, гукъыдэж иритыну. Сытым къыхэкӏми, Майе щеплъкӏэ, Ӏэдэм и гур пихырт. Езыри къыхудоплъей:
– Сеплъыну сыхуей…
Лӏыр зэуэ къогуфӏэж:
– Къэсщӏащ сщӏэнур!
Лэжьакӏуэхэр къезышэкӏ шофёрым йолъэӏу шахтэжьым нигъэсыну, модрейми куэдрэ зригъэлъэӏуакъым, жыхуиӏар хуищӏащ. Ӏэдэм фӏыуэ ецӏыху щӏыпӏэр, лэжьэн щыщӏидзам а шахтэжьырат мывэ къыщӏэхыпӏэу щытар.
– Ауэ дыщӏыхьэу дыкъыщӏэкӏыжынуращ, куэдрэ узыпэдгъэплъэнукъым, – жреӏэ къэзышами, Ӏэдэм сабийм и ӏэпэр иӏыгъыу къыр гъуанэм щӏохьэ. Кӏыфӏым зэрынэсу нэхурыдзыр щӏигъэнащ. Арыншамэ зыри ялъагъунутэкъым…
Мыбы щылэжьауэ щыта цӏыхухэм я пщӏэнтӏэпсу мывэмрэ пшахъуэмрэ зыщӏафар Майе къыщӏехьэ. Щӏым езым и мэмрэ къыхэкӏ псыӏагъэмри зыхещӏэ. Щӏыр, цӏыхур, абы и пщӏэнтӏэпсыр – мыхэр зэпхащ, Майе ар зэрегъэзахуэ, ауэ хужыӏэркъым. Куэд къыгуроӏуэ, и щхьэм щызекӏуэ къомымрэ и гум зэригъэзахуэмрэ ирагъэш, и гуащӏэр щӏах.
– Мис мыращ ди шахтэжьыр. Иджы нетӏэ дызыщӏамыгъэхьам дагъэӏэпхъуащ. Плъагъурэ мыр зэрыкуур, зэрыкӏыхьыр? Мис а къомыр уадэ защӏэкӏэ шахтёрхэм къраудауэ аращ. Мыбы мывэу щӏашар куэд дыдэ мэхъу. Ахэр икӏи лъапӏэщ. Хъугъуэфӏыгъуэу жыпӏэ хъунущ.
Майе и адэ къуэшым йодаӏуэ, абы жиӏэр езыр зыщыгъуазэ гуэру къыщохъу, ауэ зыри пидзыжыркъым.
– Накӏуэ иджы, гуащэ цӏыкӏу, дыщӏэкӏыжынщ, – жи Ӏэдэм. Абдежым и нэхурыдзыр мэункӏыфӏ. Зэридзэ хуэдэу ищӏащ, теуӏуащ, ауэ къэблэжтэкъым.
– Гуащэ, мы си джанэ кӏапэр убыди сыӏыгъ, умышынэн хуэдэу, сэ мы нэхурыдзым и уэздыгъэр къикӏуэтауэ аращи, исӏуэнтӏэжынщ.
Ӏэдэм пэщэщэн иухыу нэхурыдзыр щыщӏигъэнэжам, Майе джанэ кӏапэр иӏыгъыжтэкъым, гъунэгъууи щыӏэтэкъым. Хъуреягъым нэхур трегъапсэ, шахтэм нэхъ куууэ щӏохьэ, къокӏуэтыж, маджэ, ауэ хъыджэбз цӏыкӏур къыпэджэжыркъым. Жэрыгъэкӏэ къыщӏожри, и бгыр щӏигъэщэтауэ маршынэм илъ шофёрым йожалӏэ, арщхьэкӏэ Майе къыщӏэкӏыжакъым, хьэуэ, хьэуэ, дэнэ кӏуами, сабийр шахтэм и кӏуэцӏым щыӏэщ.
– Мыр сабий здэпшэ хъун щӏыпӏэ, сыт мыгъуэм щхьа уигу къэкӏа ар? Лӏот-тӏэ къолъэӏум, сабийм жиӏэу хъуар хуэпщӏэн хуейкъым!
Ӏэдэм абы жиӏэми емыдаӏуэу шахтэм щӏолъэдэж, нэхурыдзыр ӏэтауэ иӏыгъыу. Хъыджэбз цӏыкӏур щыӏэщӏэкӏэрэхъукӏа щӏыпӏэм нэс егъэзэж.
Шахтэ ехыпӏэри жыжьэжтэкъым. Ӏэдэм игу къэкӏар и щхьэм доуеиж – Майе абы ехуэхагъэнущ!
Ехуэхатэкъым. Хуэмурэ, зихъумэжурэ ехащ, кӏыфӏым хэту. Хьэуар хурикъут. Балигъхэр я щхьэр щӏэгуауэ фӏэкӏ щыземыкӏуэф бгъуэнщӏагъым сабийр зэфӏэту щӏэтт.
Ӏэдэм егъэзыхыгъуэ задэмкӏэ йох, гужьеящ, мэпӏащӏэ. Майе кӏыфӏым къыхелъагъукӏри, гуфӏэщауэ мэкӏий… Абы и кӏий макъым Майе зыкӏэлъыплъ гъэщӏэгъуэныр егъэкӏуэдыж. Еууей, сытым щхьа зэран хъуа… Хъыджэбз цӏыкӏур мыбы къэзышар бгъуэнщӏагъым и къуэгъэнапӏэ жыжьэм къыщӏидз нэхугъэрат. Абы къыгурыӏуат ар зэрымыуэздыгъэр, зэрымыдыгъэр, зэрымыуэздыгъэ нэфыр. Дауэ зэхыумыгъэкӏынрэт а гъуэзыр зыхэт нэхугъэр къыздикӏыр… Ӏэдэм зэригъусэри къыфӏэмыӏуэхужу, Майе и гулъытэр зыубыдар зищӏыс дыдэр къищӏэну екӏуэтэхыу щӏидзащ. Зэи и лъакъуэр щӏэжри джэлащ, и лъэгуажьэри и ӏэфракӏэри фӏыуэ тритхъуу, ауэ ари къридзакъым, къэтэджыжри и гъуэгум пищащ. Мис, къэблэгъащ къуэгъэнапӏэм. Занщӏэу къуэкӏын дзыхь ищӏакъым, хуэмурэ и щхьэр къуигъэжри нэ лъэныкъуэкӏэ плъащ. Илъэгъуар псысэхэм хэту зыщыгъуазэ гуэру къыщыхъури, и щхьэр къуигъэжыпащ. Къыщехым къуэгъэнапӏэу фӏэкӏа къыщымыхъуами, къилъэгъуар пэш хуэдиз хъууэ бгъуэнщӏагъ ӏэхуитлъэхуитышхуэт. Къэщӏэгъуейт гъуэз зэрыщызекӏуэр зыхэплъагъукӏ нэху зэхэмыбзыр къыздикӏыр, ауэ ари фӏэгъэщӏэгъуэныжакъым нэхъ гъэщӏэгъуэныж щыӏэти. Утыкум исщ Майе цӏыкӏужьей зыщӏэхъукӏ псэущхьэ абрагъуэ гуэр, и щхьэр шындырхъуоущхьэм ещхьрэ и кӏапэшхуэр щӏым триупцӏэу. Мыбдежыр щӏыӏэ дыдэт. Ар зыуи къызыщымыхъу псэущхьэ абрагъуэм и нитӏыр теубыдащ уэздыгъэм хуэдэу къаблэу хъурей гъэпща и пащхьэм итым. Хъурейр хуэмурэ зэм ижьымкӏэ, зэм сэмэгумкӏэ щэнауэу мэхъей.
Апхуэдизкӏэ а ӏуэхум дихьэхащ псэущхьэри, и нитӏ къицӏуукӏыр хъурей щэнауэм къытрезыгъэхын щымыӏэу къыщыхъуат Майе. Ӏэдэм и джэ макъыр къызэрыӏуу, нэхугъэ мащӏэри псэущхьэшхуэри лъэужьыншэу кӏуэдыжащ. Къэхъуамкӏэ мыарэзы Майе, адэкъуэшым гужьеяуэ езыр къызэрилъыхъуэр къыгурыӏуами, зигъэхъеякъым, къеплъэкӏакъым. Ӏэдэми, псом ящхьэр арати, псэууэ къигъуэтыжа хъыджэбз цӏыкӏур къипхъуатэри дуней хуитым къытрихьэжащ.
Ⅱ
Анэшхуэр къэщтат хъыджэбз цӏыкӏум и ӏэфракӏи и лъэгуажьи уӏэгъапхэ къешэкӏауэ, и щыгъыныр зэхэуфӏеяуэ ӏэплӏэкӏэ къыщыхущӏахьэжам. Ӏэдэм фӏыуэ игу къэкӏат сымаджэщым я уӏэгъэпхым деж ишэу теудахэр иригъэкъэбзэну, иригъэпхэну. Анэшхуэм сабийр зэпеплъыхь.
– Къупщхьэ къута, зэрыпкӏа сыт иӏэкъым жиӏащ дохутырым…
– Делэ ухъужат?! – Жануэс мэшхыдэ. – Уи къуэшым и сабий закъуэр пӏэщӏэкӏуадэ пэтащ. Сэ пщӏантӏэм сыкъыщӏыдэкӏар мыбы си зэран екӏыу жаӏати аращ. Иджы мыбы и анэм яукӏ пэтащ си быныр жиӏэми, пэжкъэ?!
Ӏэдэм и щхьэр пэшым щӏихри щӏэкӏащ. Майе зыри жимыӏэу щысащ апщӏондэху. Адэ къуэшыр щӏэкӏа нэужь, и бзэр къиутӏыпщащ. Майе щыпсалъэ закъуэтӏакъуэххэр унэм щӏэсым я гуфӏэгъуэшхуэт, ауэ иджыпсту жиӏэм Жануэс игъэгуфӏэркъым.
– Кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху, кӏыфӏ, нэху. Щӏыкъатибл, благъуэ…
А псалъэхэр сабийм къызыхихар анэшхуэм жриӏэу щыта псысэхэращ.
Илъэсищ щыхъуам, Майе иджыри псалъэртэкъым. Жануэс псысэ цӏыкӏу жриӏэурэ къигъэпсэлъащ. Къыщиудауэ нанэ и псысэхэр жиӏэжырт. Макъхэр тӏэкӏу пӏытауэ къыжьэдэкӏырт, щэхуут зэрыпсалъэр, ауэ ар ӏуэхутэкъым – сабийр къэпсэлъат!
Блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ ятеухуа псысэрат жиӏэжыр. Анэр гуфӏащэри гъащ. Пщыхьэщхьэ хъури, адэр къыдыхьэжащ, мо гуфӏэгъуэшхуэм кърихьэлӏэжащ. Гъэхуауэ таурыхъыр къыжезыӏэжа и пхъур дрихьеящ, кърихьэхащ, и ӏэплӏэм ису хьэблэм дихьэри зыхуэзэм яригъэлъэгъуащ и пхъур зэрыпсалъэр. Хьэблэм дэсхэр унагъуэм къадэгуфӏащ. Хьирэт къежэкӏри нэпс нэпцӏ щӏипӏытӏыкӏащ. Ежэкӏыжри, унагъуэм ящӏэнуӏами хунимыгъэсу, дэлэнищ иӏыгъыу къигъэзэжащ – ар хабзэт, гуфӏэгъуэ хъуамэ.
– Дэлэн къыпхуэсхьащ, Кӏунанэ цӏыкӏу, «дэлэн» жыӏэ! – зыхуригъэзыхауэ хъыджэбз цӏыкӏур хегъэзыхь. Мобыи блэмрэ хьэндыркъуакъуэмрэ теухуа псысэр къригъажьэри и кӏыхьагъкӏэ къыжриӏащ.
– Фшхы, кхъыӏэ, фымыгъэупщӏыӏуу, – Хьирэт и нэхэр иригъэджэрэзыхьри щӏэкӏыжащ.
Майе жиӏэж псысэм унагъуэр куэдрэ ирипэгащ. Нанэ къызэрыжьэдэкӏа дыдэм ещхьу къеӏуэтэж. Ауэрэ и ӏэ-и лъэ ищӏу, зытепсэлъыхьхэм запищӏыжу хуожьэ. «Кӏуэм-лъэм, кӏуэм-лъэуэ» щыжиӏэкӏэ, езыри макӏуэ, малъэ. Улэ ар япэу щилъэгъуам, пыгуфӏыкӏащ – сабийщ, мэджэгу. Етӏуанэу, ещанэу… махуэ къэс. Иджы «щӏыкъатиблыр» къыхэхъуащ. Пӏэкум исщи, еплъыхыурэ зыгуэр жеӏэ, макъхэр егугъуу къепсэлъ. «Щӏыкъатибл… щӏыкъатибл…»
Нанэ и щхьэфӏэпхыкӏ гъуабжэр фӏэщэтри, и щхьэц тхъуар къыщӏэщащ, ауэ ари къищӏэркъым, хъыджэбз цӏыкӏум тогузэвыхьри.
– Делэщ а бгъуэнщӏагъым узышар, губзыгъэм абы сабий ишэну? Уи адэм къелыну ар иджы? Сэри сыт къызжиӏэнур? Щхьэ хуэбутӏыпща жиӏэнкъэ?
Жануэс и нысэмрэ и къуэмрэ захуигъэгусати, къытридзэри щӏалэ нэхъыщӏэм деж Тӏыауз къэкӏуащ. Гуныкъуэгъуэ яку къыщӏыдэкӏари Майет. Зи псэлъэгъуэ блэкӏа сабийм елӏэлӏэн хуейтэкъэ – нанэ абы зэпымыууэ епсалъэрт, псысэхэм и тхьэкӏумэр тегъэхуауэ зэредаӏуэм гу лъитати, мыувыӏэу жриӏэрт. И нэ цӏыкӏуитӏыр къытриубыдауэ къеплъу псысэм и кӏыхьагъкӏэ къедаӏуэрти, ар и гуфӏэгъуэт. Нанэм жиӏэр къызэрищтэр зылъагъу къуэмрэ нысэмрэ сабийр дзыхь къыхуащӏыпащ. Къыхуащӏами, хущӏегъуэжахэщ – Майе псысэ фӏэкӏа къыфӏэмыӏуэхуж хъуащ. Нэгъуэщӏ зыми едэӏуэну хуейтэкъым, сабийхэми зэрахэмыхьэт. Езым и ныбжьхэм хэтыфу есэнщ жаӏэу зрата сабий гъэсапӏэм тхьэмахуэ фӏэкӏа мыкӏуауэ, хьэргъэшыргъэ къэхъуащ. Зи щытыкӏэр зыми емыщхь сабийм гъэсакӏуэр къыщӏэгубжьащ. Абы емысар къызэкӏуэкӏащ, кӏийуэ, гъыуэ хуежьэри, ящыхутемыгъэужым, пэш нэщӏым щӏаубыдащ. Пщыхьэщхьэм и анэм къишэжыну щыкӏуам, Майе плъыржьэру, зыщӏаубыда пэшым и дурэшым дэсу ирихьэлӏащ. Гъэсакӏуэмрэ и анэмрэ щыщӏыхьам, къимылъагъу хуэдэу щыст, епсалъэкӏэ жэуап къаритыртэкъым, ӏэплӏэкӏэ къащтэну хуежьэми, закъригъащтэртэкъым. Зыри къимыцӏыхуж хуэдэт. Балигъыу хъуар, и анэри хэту, и дзыхьым икӏат. Майе а щытыкӏэм къришыну зыми хузэфӏэкӏынутэкъыми, сабийр езыр зыдэӏэпыкъужащ: а махуэм къэхъуар зыпкъригъэхуащ.