Ӏэзэ хъумэ, и фэр кӏуэдыну мэгугъэ къефыгъуэ хъыджэбзхэр. Улэ фае щӏохъукӏхэри, къыхущӏобжэ: и анэ ӏэзэм зыгуэрхэм ирегъафэри аращ щӏэдахэр, аууей, зышэр унэхъуащ.
Еянэ классыр къызэриухыу и анэм къыщӏишыжат къуажэ еджапӏэм – зэрырагъаджэм хуэдизрэ колхоз губгъуэм щагъэлажьэрт еджакӏуэхэр. Зэгупсысаращ: аргуэру жэщхэсу яшэнущ, абдеж къэхъунур пщӏэркъым, къепхъуэнщи яхьынщ е тегушхуэгъуафӏэ къащӏынщи лей кърахынщ. Дысэ и пхъур унэм щӏиубыдэжат пцӏышхуэ иупсри: сымаджэщ, согъэхъуж, еджэфынукъым, лэжьэфынукъым… Апхуэдэу, колхоз бригадирыр зытримыгъэхьэурэ илъэситӏ дигъэкӏри, малъхъэ къигъуэтащ.
Зэгуэрым Тэру Пагуэ Бахъэсэн йокӏри, Арщэбэ шыщэху макӏуэ, Арщэбэ йокӏри, къилъыхъуэр Къуэятӏэ къыщыщӏех. Шыуэ къыхуагъэлъэгъуам зы пцӏэгъуэплъ къахех, асыхьэту уанэ хутралъхьэ, мэшэсри къуажэ уэрамым дохьэ. «Зи уз кӏуэдын, си куэбжэпэм укъыщыс си дыщэ кӏанэр уи нэм щӏэзмыгъапсэмэ…», – Дысэ игу къэкӏар Улэ фӏэкӏ зыми ищӏэртэкъым.
– Улэ, кӏуэи Нэхунэ шыгъу тӏэкӏу къысхуеӏыхыт… Хъыджэбзыр уэрамым зэрытехьэу шу блэкӏыр къеплъын хуейт, къеплъар – къехъуэпсэнут, къехъуэпсар – къыщӏэупщӏэнут. Лъыхъу къигъакӏуэмэ, Дысэ сыт щхьэкӏэ ӏуигъэкӏыжын? Ипхъу закъуэр Бахъэсэн нэс иригъэшэну фӏэжыжьэщ, ауэ Къэбэрдейм икӏыркъыми, абыкӏэ игу егъэфӏ. Езыр Къалмыкъым нэс кърашати, мис, къелащ… Лӏыр и пхъум нэхърэ фӏыуэ нэхъыжьми, къекӏущ, зыхэпсэукӏын иӏэщ, колхоз фермэм и унафэщӏщ. Фыз иӏами, бын щӏэсу иригъэкӏыжами, ар дагъуэ хуищӏыркъым.
Шым тес лӏыр Улэ къицӏыхуащ сабэ зытелъ и шырыкъумкӏэ – и нэгу къыщӏыхьащ а шырыкъуитӏыр езым хуитхьэщӏу. Худэплъейрэ и нэгум иплъэмэ – арат, бын зыдигъуэтынурат… Шур хъыджэбзым кӏэлъыплъащ, зыдыхьэж пщӏантӏэр зригъэлъэгъуащ.
Тхьэмахуэ дэмыкӏыу Пагуэ къытригъэзащ, зы мазэ дэкӏыжри, лъыхъу къигъэкӏуащ.
Хьэблэм дэсхэм ящыщу Нэхунэ закъуэ къызыпхигъэӏукӏат фыз зиӏа епт нэхърэ, зэкӏэ дэсми нэхъыфӏщ, дахэ дыдэщ, зышэн иджыри къыкъуэкӏынщ, жиӏэри. «Зезышэни къыкъуэкӏынущ, адэншэ-дэлъхуншэр тегушхуэгъуафӏэщ», – фыз ӏэзэм ар игукӏэ жиӏэри, къахукъуэкӏа насыпыр блигъэкӏакъым, Улэ нэчыхь тӏэкӏур хурагъэтхэри, Пагуэ иратащ.
Ⅲ
Дарий шыгукӏэ яшащ Улэ. Дарийкӏэ къыщӏадзами, зэгъэзэхуэпауэ, ебзыхьэкӏауэ псэу унагъуэт зыхэхуар. Пагуэ лэжьакӏуэжьт, коммунистпартым хэтт, къэралыр къулей ищӏыну, гугъу зригъэхьу лажьэрт.
«Апхуэдиз гъэшымрэ ӏусымрэ щыхэткӏэ, и унагъуэми зыгуэр къихьэсынщ. Къуэлӏыкӏынкъым абы Улэ… Жьы къыщӏэмыпщэу, псы къыщӏэмыуэу къуэпсэукӏынщ», – Дысэ хущӏегъуэжыртэкъым ищӏам. Ухущӏегъуэжи хъурэ: изэгъащ Улэ, быныншэщ жиӏэу лӏым къригъэкӏыжакъым, илъэс бжыгъэкӏэ пэплъауэ, хъыджэбз цӏыкӏу ягъуэтащ. Май мазэу дунейм къытехьати, Майе фӏащат, ауэ цӏэ лей фӏащын хуейуэ къылъыкъуэкӏащ. И нэ зэрыхъэм хуэзэу, и натӏэбгъу цӏыкӏум техьэу анэлышхуэ тетт сабийм.
Менлы фӏэщын хуейуэ жызыӏар гъунэгъу фызт. Цӏэ лейр шэуэ къытехуащ Улэ, Майер фӏэзыщар езырат.
– И напэм кӏуэнущ, Менлыкӏэ фемыджэмэ! Фыщӏегъуэжынщ! – анэмрэ анэшхуэмрэ я гур хурихри, гъунэгъу фызым кӏэбгъу зищӏыжащ. Улэ ар и япэ гухэщӏт – Майе и цӏэ лейри ӏэпапӏэу телъ фӏыцӏафӏэри.
Майерэ Техутэрэ илъэс я зэхуакуу арат, Техутэ нэхъыжьу. И дыщым къэкӏуэжыху Улэ щӏалэ цӏыкӏу адэншэр илъагъут, и щхьэм ирилъытырти и гур хупихырт. Техутэ сабий щхьэкӏэ, хьэл зэрыхэлъыр къытощ, зэпӏэзэрытщ, ӏэпэӏэсэщ.
Дысэ Ятӏэгуэлым кърих ятӏэ фӏыцӏэмкӏэ къупщхьэ уз, щӏыфэ уз зиӏэхэм еӏэзэмэ, Техутэ а гуэл дыдэм кърих ятӏэмрэ Хьэрэмэӏуащхьэ пэгъунэгъуу къыщӏах ятӏагъуэмрэ зэхегъэзэрыхьри, шы сурэт егъэж. Улэ фӏэгъэщӏэгъуэнщ Техутэ зяужь итхэр. Налышык ущыдэлъадэкӏэ фэеплъ щытщ лӏым и шым, и къуэш хуэдэу, зришэкӏауэ. Щӏалэм хуабжьу игу ирохь а фэеплъыр. Къуэш иӏамэ, апхуэдэу илъагъунут езыми. Шыи иӏэкъым, къуэши иӏэкъым. Адэшхуэр щхьэхуэпсалъэщ. И анэр сымаджэщи, къеплъыххэркъым. Анэшхуэращ упщӏэкӏэ щӏигъанэр.
– Сытыт шуудзэм хэтахэм яӏыгъар, ящыгъар? Я сэшхуэхэр сыт хуэдэт? Я къамэр-щэ?
Зэгуэрым Нэхунэ и хъугъуэфӏыгъуэхэр щихъумэ пхъуантэ щӏыхум дэӏэбэри дадэ и къамэр къыдихащ:
– Мис мыпхуэдэ зыӏыгъа яхэтащ. Мыр уи адэшхуэм и адэжым ейуэ щытащ…
Иригъэплъ къудейри дилъхьэжащ. Абы лъандэрэ Техутэ пхъуантэр и гъуэлъыпӏэщ, и тӏысыпӏэщ, и ӏэнэщ, и джэгупӏэщ. Пхъуантэм ӏункӏыбзэ етакъым, ауэ ар зэтезыхыну хуитыр Нэхунэ и закъуэщ. Дыху сабын, абы и мэр зыщӏэзыша щэкӏыщхьэ зытхухрэ гуэлмэдын удзыфэрэ. Абыхэм нэмыщӏ… абыхэм нэмыщӏ хьэдэтепхъуэ, кхъащхьэм траутхэ дыху, сабын фӏыцӏэ, хьэдэр щагъэпскӏкӏэ яӏэрыгъыну хъыдан ӏэлъэ, лӏам и жьэ къупщхьэр зэрыщӏапхэжыну хъыдан хужь… Ахэр езы Нэхунэ и гъэтӏылъыгъэщ. Хьэдэтепхъуэм кӏуэцӏылъщ зэрыщӏалъхьэжыну ахъшэ тӏэкӏури. И нысэмрэ я гъунэгъу нысащӏэмрэ иришалӏэри яригъэлъэгъуащ и хьэдэ хуэӏухуэщӏэр, лӏэмэ, ахэращ пхъуантэм дэӏэбэу къыдэзыхынур.
И анэшхуэм псэ ӏумытыжу еплъыфынукъым Техутэ. И нэхъыжьхэр псори лӏэжын хуейуэ щыщыткӏэ, нанэ иужь дыдэ къинамэ арат. И анэр фӏэгуэныхь щхьэ мыхъурэ? Абы куэд щӏауэ псэ хэмытыжу къыщохъу, есэжащ… «Уи лӏым удыщӏыхьэфынукъым, апхуэдизу зумыукӏыж…», – къыжраӏами, и пкъыр дунейм къытенэри и псэр лӏам дыщӏилъхьащ. Ныбжьым ещхьщ, зэгуэрым ущызэкӏэщӏэплъу лы телъащ, нэкӏущхьэплъу, дыхьэшхырилэу щытащ. Иджы сыт? Щылъщ, мэбауэ, псалъэркъым. Игукӏэ Тхьэшхуэм йолъэӏу гуащэм и пхъуантэ щӏыхум дэлъ хьэдэтепхъуэр езым къыхуащтэну. Нэхунэ иджыри къищэхунщи игъэтӏылъыжынщ… Дыси иӏэщ апхуэдэ пхъуантэ тӏорысэ, ауэ абы дэлъыр нэгъуэщӏщ: тхылъымпӏэ цӏу, пэрытхэ, блафэ, шындырхъуоущхьэ гъэгъуа, удз лъабжьэ, жыг лъахъц. Псы утхъуа гуэр зэрытабдж птулъкӏэдэтщ. Къыхуэкӏуат зы сымаджэ, и лъапэр пыуцӏыныкӏауэ. И фэм щыщ къытрихри а псы хущхъуэм хидзат. Пӏалъэ гуэркӏэ зэхэшыпсыхьынути, къакӏуэу къищтэжын хуеят, ауэ къытригъэзакъым, емыгугъу гуэру къыщӏэкӏащ. Фӏы щӏихакъым – и лъакъуэм е екӏуэри, пахын хуей хъуащ. Птулъкӏэр хыфӏэдзэжын хуейуэ дэлъщ.
Дысэ лажьэ имыӏэу къыщагъэкъуэншэжи куэдрэ къохъу. Цӏыхур зыхуей псор хуэпщӏэфынукъым, «си ӏэзэгъуэ иткъым» жиӏамэ, абы пцӏы хэлъкъым, «хуэмылэжьэфыну» аращ. «И пэшэгъухэм хуит къащӏыркъым», – жаӏэ апхуэдэхэм деж. Дысэ зэхех а псалъэмакъхэри, мэгъумэтӏымэ: «Сыт мыгъуэ фэ абы хэфщӏыкӏыр?»
Къуэятӏэ жылэ цӏыкӏур тхьэмыщкӏэу мэпсэу. Зи ныбжь нэблэгъахэр колхозым хэтауэ аращи, сыт, къалэжьа щыӏэкъым. Псыхуабэ къалэ гъунэгъу дыдэщи, абы кӏуэурэ сату зыщӏ унагъуэ зытӏум нэхъ зыкъаӏэтащ, мыдрейхэр а зыщӏэса сэман унэ лъахъшэ цӏыкӏухэм къыщӏэнащ. Мэзым пхъэ кърахынумэ, хуит къащӏын хуейщ, щӏымахуэм фӏамыщӏ зиӏэр къулеижьу ябж.
Техутэ и еджапӏэ кӏуэгъуэм нанэ къегъэуш, абы щыгъуэм хьэкум илъ мафӏэр зэхэкӏыжарэ пэшыр щӏыӏэмылу…
– Нобэ сымыкӏуэу хъунукъэ?
– Уделэ уэ, Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, жебгъэӏэну ара? Техутэ апхуэдэхэм деж едэ хэт сыт жиӏэнуми. Зэгуэрым, къэмытэджыфу ӏурихыжауэ, пщӏыхьэпӏэу елъагъу я къуажэ уэрамитӏми цӏыхур дэзу дэтрэ бжьэ къэпщӏауэ зэрызехьэу: «Щауейхэ я къуэ закъуэр еджэфакъым, еджапӏэм яхуэкӏуакъым, еджэн идакъым! Нанэ едэӏуакъым! И адэр псэужтэкъым, и анэри лӏат! Унэ щӏыӏэм щӏэлӏыхьащ, лӏащ, тхьэмыщкӏэ, щэхубзэу и псэр хэкӏащ…» Пэж дыдэуи, Техутэ и анэр лӏауэ нэху къекӏат. Щӏалэ цӏыкӏур щӏэщтэжат пщӏыхьэпӏэр нахуапӏэ зэрыхъуам. Нэхунэ и хьэдэтепхъуэр пхъуантэм езым и ӏэкӏэ къыдихын хуей хъуащ. Улэ и дыщым къэкӏуэжауэ Техутэ къыхуэзэмэ, зыбгъэдешэри и щхьэм ӏэ къыделъэ – иджы ар зеиншэ хъурейщ. И анэшхуэр лӏэмэ, хэт зыпӏынур? Сабий унэм ирамытарэт. Улэ дахэщ, и ӏэпкълъэпкъыр лантӏэщ, и щхьэцыгъуэр ухуэнарэ и щхьэм къешыхьэкӏыжауэ, езым къабзэмэ къыкӏэрихыу. Техутэ фӏэфӏщ абы и ӏэплӏэри, и щхьэм къыдилъэ ӏэри.
Аргуэру щӏалэ цӏыкӏум игу къокӏ и нанэр куэдрэ мыпсэуну. Нанэ псэунущ, псэунущ, псэунущ…Техутэар быдэу игу ирилъхьащи, аращ пэж хъунур. И анэр нэгум къыщӏоувэ, ар нэщхъейуэ къоплъ: «Си къуэ цӏыкӏу, сэри сыпсэуами хъунут. Уэ зым фӏыуэ сыкъэплъэгъуамэ, сыпсэунут иджыри, си фэм сыкъихьэжынурэ, сыгуфӏэнут, сыдыхьэшхынут, сыпщэфӏэнут, щӏакхъуэ зэтеупӏэщӏыкӏи пхуэзгъэжьэнут…» Техутэ Улэ и бгъафэм зыщӏекъузэри, зэщыджэу магъ. Майе щӏалэ цӏыкӏум бгъэдохьэри ӏэ делъэ. Майе псалъэркъым, бзагуэу аракъым, ауэ псэлъэгъуейщ. Зэзэмызэххэщ щыгуфӏэр. Райцентрым щыщу Дысэ цӏыхуитӏ къыхуэкӏуат. «Къулыкъущӏэшхуэ Налышык къикӏынущи, ар къыщыкӏуэм ирихьэлӏэу уи деж цӏыху ӏумытамэ арат!» Дысэ къыжраӏэр зэхих-зэхимыхщ. Сэ махуэкӏэ къэкӏуэнур зэзгъэзахуэркъым, жи. И нэр егъэплъыз, итӏанэ лъэныкъуэкӏэ йоплъэкӏ. «Бэрэжьейм шэджагъуэ нэужьу кърекӏуэхэ», – яжреӏэ.